КъэкIуэжахэм яхуоупсэ
2020-08-04
- Хабзэ зэрыхъуам тету, шыщхьэуIум и 1-м Адэжь хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр щагъэлъэпIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм.
- Мы гъэм екIуэкI узыфэм и зэранкIэ, адрей илъэсхэм хуэдэу ди къуэш псори зэхуамышэсыфами, ДАХ-м и IуэхущIапIэм къекIуэлIат къэзыгъэзэжахэм ящыщ нэхъ жыджэрхэр. Ахэр хуэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий икIи щыIэ гугъуехьхэм, хэкурыс хъужахэр зыгъэгушхуэхэм тепсэлъыхьащ.
- Илъэс зыбжанэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу унагъуэ 40-м ДАХ-м къыбгъэдэкI ерыскъыхэмрэ саугъэт гукъинэжхэмрэ я унэхэм хуашащ. Апхуэдэуи курыт еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ хэкум къыщызыуха ныбжьыщIи 9-м Дунейпсо Адыгэ Хасэм и щIыхь тхылърэ саугъэткIэ яхуэупсащ Сэхъурокъуэр икIи дяпэкIэ зытеувэну гъащIэ гъуэгуанэр насыпыфIэ, угъурлы яхуэхъуну ехъуэхъуащ.
- ДЭХЪУШОКЪУЭ Синэ.