ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Жьынэпсри» аргуэру къытхохьэ

2020-08-04

  • Адыгэ зэрыс хэгъэгухэм къыщыдэкI лъэпкъ газетхэм я 125-нэ къыдэкIыгъуэ зэхэтыр шыщхьэуIум и 1-м дунейм къытехьащ. Ар теухуащ зи адэжь хэку къэзыгъэзэжа ди къуэшхэмрэ щыпхъухэмрэ, абыхэм нобэ яIэ псэукIэм.

  • «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку», «Шапсугия» лъэпкъ газетхэм илъэс 30-м щIигъуауэ зэгъусэу ягъэхьэзыр мыпхуэдэ къыдэкlыгъуэхэр Тыркум щыIэ «Жьынэпс» газетым 2020 гъэм и пэщIэдзэм къызэрыддищтар гуапэ лей тщохъу.
  • Иджы ещанэ ди гъусэу къыдагъэкI номерыр щхъуэкIэплъыкIэ дахэщ, газетым и цIэр адыгэбзэкIэ тетхащ, напэкIуэцIипщIым ит тхыгъэхэм я процент 90-р адыгэбзэщ. «Адыгэ псалъэм» ещхьу, абыи къытехуащ къэбэрдей, адыгей, шэрджэс, шапсыгъ щIыналъэхэм къитIысхьэжа ди лъэпкъэгъухэм я хъыбархэмрэ сурэт дахэхэмрэ.
  • Газетыр зыгъэхьэзырахэм я пашэщ номер зэгуэтхэм къыхыхьэну жэрдэм зыщIа Хьэжбэвыкъуэ Эрдогъанрэ абы и щхьэгъусэ Гулрэ.
  • Адэжь Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр, илъэс 20-м щIигъуауэ ягъэлъапIэр, екIуу къыщыгъэлъэгъуащ адыгэбзэкIэ къыдэкI газетхэм, дяпэкIи къытеддзэнущ ди къуэш-хэм ятеухуа тхыгъэхэр.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, я хэку къагъэзэжауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щопсэу цIыху 2500-м щIигъу, абыхэм ящыщу 1800-р Сирием къикIыжащ (800-р зауэм и зэма-ным, адрейхэр нэхъ пасэу), Тыркум къиIэпхъукIыжащ цIыху 268-рэ, Иорданием — 35-рэ.
  • Адыгэ Республикэм къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм къикIыжри къагъэзэжащ цIыху минитIым щIигъум. Къэрэшей-Шэрджэсым Сирием къикIыжа цIыху 34-рэ щопсэу.
  • НэщIэпыджэ Замирэ,
  • Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.