Къэбэрдей-Балъкъэрым псэупIэу щаухуэм процент 14-м щIигъукIэ хохъуэ
2020-07-18
- Илъэсыр къызэрихьэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щащIащ псэупIэ метр зэбгъузэнатIэ мини 146-м щIигъу. Илъэс кIуам и иджы хуэдэ лъэхъэнэм еплъытмэ, ар процент 14-м щIигъукIэ нэхъыбэщ.
- Республикэм Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, 2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу псэупIэу метр зэбгъузэнатIэ 146324-рэ щатащ, илъэс блэкIам и иджы хуэдэ зэманым яхузэфIэкIам ебгъапщэмэ, ар проценти 114,5-рэ мэхъу. А бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэщи, IэнатIэм зеужь зэман кIэщIым къриубыдэу здынэсын хуейуэ ягъэува мардэхэм къитIасэу икIи зрагъэхъулIэну я мурадахэм щIегъу.
- ЩIыналъэм адэкIи щыщIагъэхуабжьэ лъэпкъ проектхэм хыхьэу ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.