Удихьэхыу щIадзэж
2020-07-14
- Налшык и шыгъэжапIэм зэхьэзэхуэхэм иджыблагъэ щыщIадзэжащ. Абы куэд щIауэ пэплъэрт Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр.
- Коронавирус уз зэрыцIалэм зыщахъумэн папщIэ ягъэIэпхъуа зэпеуэхэм щIадзэжыну Iэмал ягъуэтащ ди республикэм шы спортым щыдихьэхэм. Мэкъуауэгъуэм и 23-м зэхэтар мы гъэм ещанэт икIи щхьэзакъуэ шынагъуэншагъэр япэ ирагъэщу ар екIуэкIащ.
- Зэхьэзэхуэр зэхаублащ илъэситI зи ныбжь шыщIэхэр метр 1200-р къызэдэжынымкIэ. Сэкрэк Заур и Болд Уорриор шыр псоми ефIэкIащ. Ар къигъэжащ Щоджэн Iэдэм, мастер-тренерыр Бахъуэ Мухьэмэдщ.
- А ныбжь дыдэр зиIэ шыбзхэм я дежи щытекIуар Сэкрэкым ишхэм ящыщщ. Линэ пцIагъуэплъым метр 1200-м псори къыщызэринэкIащ, Щоджэн Iэдэмрэ Бахъуэ Мухьэмэдрэ я фIыгъэкIэ.
- Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьэрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ саугъэт нэхъыщхьэр ягъэуват. Илъэсищ зи ныбжь шыхэм метр 1500-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэм и зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ Налшык дэт хьэлвэ заводым и Советник шым, Улубаев Хьэмзэт зытесам. Мастер-тренерыр Балъкъэр Хъусенщ.
- Арагвэ шыбзым и фэеплъ саугъэтми гуащIэу щIэбэнахэщ. «Малка» шы заводым и Парадигмэр (къэзыгъэжар Улубаев Хьэмзэтщ, мастер-тренерыр Алокъуэ Аслъэнджэрийщ) метр 1800-м псоми щефIэкIащ икIи япэу къэсащ.
- Шууей Щоджэн Iэдэмрэ мастер-тренер Бахъуэ Мухьэмэдрэ ещанэ текIуэныгъэри а махуэм зыIэрагъэхьащ. Илъэсищ зи ныбжь шыхэр метр 1800-м къыщызэдагъажэм абыхэм я гъэсэн Классик Эн псоми ятекIуащ.
- 115-нэ шуудзэм и щIыхькIэ ягъэува саугъэтыр зыIэригъэхьащ илъэсиплIым щIигъуа шыхэм метр 2000-р къыщызэдажым ефIэкIа Листед. Апхуэдэ щIыкIэкIэ иджыри къэс зыхэта зэпеуэ 36-м ящыщу 18-м ар япэу къыщысащ.
- Инджылыз-адыгэ шы лъэпкъыфIхэм я зэдэжэм метр 1200-р япэу къыщызэринэкIащ Тау Аскэр и Сказкэ шым. Ар къигъэжащ Махъцы Алихъан.
- Мыгувэу къыкIэлъыкIуэ зэпеуэхэр Налшык и шыгъэжапIэм щекIуэкIынущ. Ахэри удэзыхьэхыу зэрыщытынум шэч хэлъкъым.
- Жыласэ Замир.