Iэ зыIэтахэм я процент 85-р арэзыуэ къыщIокI
2020-07-03
- Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщапщытэжащ Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуауэ мэкъуауэгъуэм и 25-м щегъэжьауэ бадзэуэгъуэм и 1 пщIондэ екIуэкIа IэIэтым кърикIуахэр. Ар журналистхэм яжриIащ КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и унафэщI Джэш Вячеслав.
- ЩIыналъэхэм щылэжьа гупхэм ягъэхьэзырыжа протоколхэм япкъ иткIэ, республикэм и ХэхакIуэ комиссэм игъэбелджылащ Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху 424147-м Iэ зэрыщаIэтар, ар хэхыныгъэм хэтыну хуитхэм я процент 78,31-рэ мэхъу.
- Урысей Федерацэм и Хабзэ нэхъыщхьэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ арэзыуэ къыщIэкIащ цIыху 362739-рэ, ар Iэ зыIэтахэм я процент 85,52-рэ мэхъу. Зэрымыарэзыр къэзыгъэлъэгъуахэм я бжыгъэр 53795-рэ ирикъуащ (процент 12,68-рэ).
- Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуауэ урысейпсо IэIэтыр республикэм тэмэму щекIуэкIауэ къыщалъытащ. КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм IэIэтым кърикIуахэм теухуауэ игъэхьэзыра тхылъхэр УФ-м и ХэхакIуэ комиссэ нэхъыщхьэм иригъэхьыну унафэ къащтащ.
- Дохъушокъуэ Синэ.