ЛъагапIэ инхэм къыхуигъэщIа
2020-07-03
- Алыдж-урым бэнэкIэ
- Ди лъахэгъу Жаным Аслъэн и бэнэкIэ екIум блэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм дуней псор иригушхуэрт. Ар Совет Союзым и чемпионт, Европэм щытекIуат, Дунейпсо кубокыр зыIэщIэлът, спортым щIыхь зиIэ и мастерт.
-
Жаным Аслъэн дуней псоми Олимп Джэгухэми зэрыщытекIуэфынур спорт IэщIагъэлIхэмрэ алыдж-урым бэнэкIэм дихьэххэмрэ быдэу я фIэщ хъурт. Ар икIи лъабжьэншэтэкъым — ди лъахэгъур Совет Союзым алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и командэ къыхэхам щыпашэт икIи килограмм 82-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж щытепщэт.
- — Си ныбжьыр илъэс пщыкIуз щыхъум къыщыщIэдзауэ спортым сыхэтщ, — жеIэ Аслъэн. — Налшык СпортымкIэ и уардэунэм сыкIуэри, бэнакIуэхэм захезгъэтхащ. Абы щыгъуэм сщIэртэкъым ар лIэужьыгъуэ зыбжанэ зэрыхъур. Сыбэнэну хуабжьу сыхуейти, япэу къыспэщIэхуа бжэм сытеуIуэри, сыщIыхьащ. Апхуэдэу сыкъыщыхутащ Лобжанидзе Владимир алыдж-урым бэнэкIэм щыхуигъасэ секцэм — арат си натIэм къритхауэ къыщIэкIынур. Хьэлэмэтращи, зэи сыхущIегъуэжакъым а спорт лIэужьыгъуэр зэрымыщIэкIэ къызэрыхэсхам.
- IэщIагъэлI гъуэзэджэ Лобжанидзе Владимир псынщIэу гу лъитащ Жаным Аслъэн бэнакIуэ лъэщ къызэрыхэкIынум. Абы игу ирихьырт щIалэщIэм ерыщу зэрызигъасэр, жыпIэр зэрызыхилъхьэр, хьэл-щэн зэпIэзэрыт зэриIэр. Зы илъэсым къриубыдэу Аслъэн бэнакIуэ бэлыхь къыхищIыкIащ — ар республикэм и ныбжьыщIэ зэпеуэм щытекIуащ. А япэ ехъулIэныгъэм тренерыр зэрыщыгуфIыкIар къэIуэтэжыгъуейщ. КъыгурыIуат Жанымыр лъагапIэ инхэм къызэрыхуигъэщIар.
- И ныбжьыр нэсу дзэм къулыкъу щищIэну щыдашам Дон Iус Ростов щыIэ спорт ротэм хэхуащ. Абы Iэмал щигъуэтащ и Iэзагъым хэпщIыкIыу щыхигъэхъуэну. Аслъэн зи IэмыщIэ ихуа Яковенкэ Николай СССР-м щIыхь зиIэ и тренерт, нэхъапэм Совет Союзым, Европэм, дунейм щытекIуат икIи алыдж-урым бэнэкIэ лIэужьыгъуэм химыщIыкI щыIэтэкъым. IэщIагъэлI гъуэзэджэм занщIэу къыгурыIуащ Жанымым утелажьэ зэрыхъунур икIи абы тебгъэкIуадэ зэманымрэ къарумрэ пщIэншэ зэрымыхъунур.
- Яковенкэ адыгэ щIалэр егугъуу игъасэрт икIи куэдыр зыщымыгъуазэ Iэмал гъуэзэджэхэр иригъащIэрт. Ахэр зэрызыхилъхьар къипщытэн папщIэ хьэрхуэрэгъу нэхъ лъэщ дыдэхэри къыхухихырт, нэхъыбэм — хьэлъагъкIэ къебэкI защIэу. Апхуэдэ зыгъэсэныгъэхэр хьэлъэт, ауэ укъэзыгъэпэжынт.
- Къэралпсо утыкум япэу ехъулIэныгъэ ин Жанымым щиIар 1975 гъэращ. СССР-м и Лъэпкъхэм я спартакиадэм щытекIуэри, дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. Аслъэн иужь къинащ Совет Союзым и командэ къыхэхам хагъэхьэну ягъэлъэгъуахэу Корбан Геннадий, Чебоксаров Владимир, Халилов Камил, Назаренкэ Анатолий, Курбанов Хьэзрит сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Псоми къащIащ алыдж-урым бэнэкIэм вагъуэщIэ къызэрыщыунэхуар. Куэдым къыхагъэщырт Жаным Аслъэн и зэпIэзэрытагъыр.
- Дзэм къулыкъу щищIэну пIалъэр щиухым ирихьэлIэу, Жанымыр СССР-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я чемпион хъуащ. Абы иужькIэ езыри и гъэсакIуэри къэралым и дзэ спорт клуб нэхъыщхьэм — Мэзкуу и ЦСКА-м — ирагъэблэгъащ. Дунейпсо утыку къихьэну, и ехъулIэныгъэхэм хигъэхъуэну ар Iэмал гъуэзэджэт.
- Апхуэдэхэм я щIэдзапIэ хъуащ 1976 гъэм дзэ клубхэм ирагъэкIуэкIа европэ зэхьэзэхуэр. Абы хыхьэ зэIущIитхум ящыщу плIым Жанымыр щытекIуащ. Зыпэмылъэщар Монреаль щекIуэкIагъащIэ Олимп Джэгухэм дыжьын медалыр къыщызыхьа, дуней псом и чемпион Колев Иванщ. Болгар щIалэмрэ ди лъахэгъумрэ зэрытемыгъэкIуауэ зэбгъэдэкIыжащ.
- КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Аслъэн бжьыпэр щиубыдащ Мэзкуу щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэ иным. И насып къыщикIащ 1978 гъэм Чехословакием и Остравэ къалэм щыIа зэпеуэми. Абы кърихьэлIат бэнакIуэ лъэщ дыдэхэу хэгъэрейхэм ящыщ Европэм, дунейм, Олимп Джэгухэм я чемпион Мах Вячеслав, Румынием къикIа Олимп чемпион Драйкэ Ион, Польшэм, Франджым, нэгъуэщI къэралхэм я лIыкIуэхэр. Жаным Аслъэн и хьэрхуэрэгъу цIэрыIуэхэм къагъэдзыхакъым. Ар хуейт абыхэм къазэрыпимыкIуэтынур къигъэлъэгъуэну. ИкIи хъарзынэу къехъулIащ. Псом хуэмыдэу удэзыхьэх хъуат хэгъэрейхэм ящыщ Янотэ дригъэкIуэкIа зэIущIэр. И ныкъуэкъуэгъу лъэщыр адыгэ щIалэм нэрылъагъуу хигъэщIащ. ЕфIэкIащ адрей къыпэщIэтахэми. Финалым щыхигъэщIащ Олимп чемпион Драйкэ Ион. Дыщэ медалым дэщIыгъуу «ТекIуэныгъэм ерыщу зэрыщIэбэнам папщIэ» саугъэт щхьэхуэри къыщыхуагъэфэщам, зэхьэзэхуэм еплъыну къекIуэлIахэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтат, ар абы зэрыхуэфащэ дыдэм щыхьэт техъуэжхэу.
- Остравэ щекIуэкIа зэпеуэм кърикIуам ипкъ иткIэ Жаным Аслъэн къыфIащауэ щытащ «дунейпсо класс зиIэ мастер» цIэ лъапIэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу алыдж-урым бэнэкIэм хэтхэм апхуэдэ пщIэ нэхъапэм зэи яIатэкъым.
- Гугъущ дэтхэнэ спортсменми и гъащIэ гъуэгур. Абы куэд щелъытащ и насыпыр къызэрикI щIыкIэм. И тренерхэмкIэ Аслъэн Тхьэр къыхуэупсат икIи Лобжанидзе Владимири Яковенкэ Николаи куэдым хуагъэсащ. АрщхьэкIэ ныкъуэкъуэгъухэри и мэщIакъым, щэхууи нахуэуи — сыт пщIэн, спортым и хабзэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ ар. АбыкIэ щапхъэу урикъунщ Жаным Аслъэнрэ Корбан Геннадийрэ илъэс куэдкIэ зэрызэпэщIагъэтар, иужьыр япэ ирагъэщ зэпыту. Ар захуагъэтэкъым, сыту жыпIэмэ, 1975 гъэм къыщыщIэдзауэ ахэр мызэ-мытIэу зэбэнати, зэ закъуэ фIэкIа къэмынэу адрей псоми ди лъахэгъур щытекIуат. Абы щхьэкIэ къэмынэу Корбант зэхьэзэхуэ нэхъ ин дыдэхэм къэралым и щIыхьыр щихъумэну утыку кърагъэхьэ.
- Щыбанэ алэрыбгъум и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэр Аслъэн къыщефIэкIар Совет Союзым и чемпионату 1979 гъэм екIуэкIаращ. Япэ дыдэу апхуэдэ зэхьэзэхуэ иным дыщэм пэгъунэгъу щыхъуа ди щIалэм жэуаплыныгъэр къытехьэлъагъэнущ икIи кIэух зэIущIэм и хьэрхуэрэгъу лъэщ Корбан Геннадий къыщытекIуащ.
- КъыкIэлъыкIуэ илъэсым ахэр мызэ-мытIэу зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм щызэпэщIэтащ икIи сыт щыгъуи нэхъыфIар адыгэ щIалэрат. Апхуэдэу щыт пэтми, 1980 гъэм Мэзкуу щекIуэкIа гъэмахуэ Олимп Джэгухэм ди къэралым и щIыхьыр ихъумэну дзыхь зыхуащIар Корбанщ. Пэжщ, абы дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ, ауэ Жанымми ардыдэр нэхъыфIыжу хузэфIэкIынут. Абы щыхьэт техъуащ къыкIэлъыкIуэ илъэсым екIуэкIа Совет Союзым и чемпионатыр. Алыдж-урым бэнэкIэм лъэбакъуэ лъэщхэр щыхича Дон Iус Ростов щекIуэкIа зэпеуэм Аслъэн къыщыпэлъэщын къахэкIакъым.
- Воронеж щыщ и япэ хьэрхуэрэгъум Жанымым гу зэрылъита щыIэкъым икIи напIэзыпIэм ар тридзащ. ЕтIуанэр узытеплъэкъукI мыхъунт — ар сыт щыгъуи и хьэрхуэрэгъу Корбан Геннадийт. Олимп чемпионыщIэр адыгэ щIалэм иригъэкIуэтэхащ икIи, зыми шэч къытрамыхьэн хуэдэу, ар дахэу хигъащIэри, медалыншэу къигъэнащ. Езыхэм ящыщ зыуэ къэзыбж ростовдэсхэм абы щыгъуэм ди лъахэгъум хуаIэта Iэгуауэр куэдрэ щыщыужьыхыжакъым зэхьэзэхуэр щекIуэкI спорт уардэунэ абрагъуэм.
- АрщхьэкIэ ар дыщэм хуэзышэ щIэдзапIэ къудейт. АдэкIэ иджыри зэIущIэ хьэлъищ къыщыпэщылът. Абыхэми щытекIуащ ди лъахэгъур. ХигъэщIахэм яхэтащ финалым къыщыпэщIэхуа спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ Мкрытчевыр. Арати, япэ дыдэу къэралым и чемпион 1981 гъэм хъуащ.
- — А лъэхъэнэм Совет Союзым и чемпионатым ущытекIуэну куэдкIэ нэхъ гугъут Европэм бжьыпэр щыбубыдын е Дунейм и кубокыр зыIэрыбгъэхьэн нэхърэ, — игу къегъэкIыж Жаным Аслъэн. — Совет бэнакIуэхэрат дэни щытепщэр. Къэралым и цIэкIэ утыку укърагъэхьэ къудеймэ, текIуэныгъэр уи Iэрылъхьэу убж хъунут. ИужькIэ Кубэм и бэнакIуэ лъэщхэр дыдейхэм ягъэсащ, тыркухэри зэрылъэрызехьэти, ерыщу къыдэныкъуэкъу хъуащ. 1981 гъэм СССР-м и чемпион сыщыхъуам хуабжьу сагъэлъэпIащ икIи къэралым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым езым къыбгъэдэкIыу офицер дамэтелъхэр къысхуигъэхьащ.
- АрщхьэкIэ а гъэм зэхэта дунейпсо чемпионатым аргуэру ягъэкIуар Корбан Геннадийщ. Абы гурыщхъуэ уигъэщIырт Жаным Аслъэн гъуэгу ирамыту. Ауэ а Iуэхугъуэми ар ирищIыкIакъым. А илъэс дыдэм, 1981 гъэм и кIэухым, Iэмал къратащ Совет Союзым и командэ къыхэхам дэщIыгъуу Дунейм и кубокым щIэбэныну. Ар Аслъэн гъуэзэджэу къигъэсэбэпащ икIи иджыри зэ наIуэ псоми ящищIащ килограмм 82-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыпэлъэщын ЩIы хъурейм зэрыщымыIэр.
- Хэт ищIэнт къыкIэлъыкIуа 1982 гъэр Жаным Аслъэн иужьу спортым щыхэта илъэсу къыщIидзыну? Дэ абы иджыри текIуэныгъэ куэдкIэ дыщыгугъырт.
- 1982 гъэм и пэщIэдзэм Запорожье щекIуэкIа Совет Союзым и чемпионатым и кIэух зэIущIэм аргуэру щызэхуэзащ Жанымымрэ Корбанрэ. Пэжщ, ар, адрейхэм хуэдэу, зэпэщIэтыныгъэ гуащIэ хъуакъым. Аслъэн и тепщэныгъэр апхуэдизу инти, гугъу емыхьыщэу къэралым и чемпионыгъэр аргуэру зыIэригъэхьащ. КъыкIэлъыкIуэу СССР-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я зэхьэзэхуэм дыщэр къыщихьащ.
- Болгарием и Варнэ къалэм иужькIэ щекIуэкIа Европэм и чемпионатым къыщызэхуэсат бэнакIуэ лъэщ дыдэхэр. Жаным Аслъэн зыхэт гупым щызэныкъуэкъунут Югославием, Алыджым, Польшэм, Данием, Финляндием, нэгъуэщI къэралхэми я бэнакIуэ лъэрызехьэ пщыкIуплI. АрщхьэкIэ абыхэм къахэкIакъым адыгэ щIалэм къыпэхъун. Арати, Европэм и чемпион хъуауэ Аслъэн къигъэзэжащ.
- Венгрием и Толидэ къалэм щызэхэта Дунейм и кубокым щыщIэбэна зэхьэзэхуэми Жанымыр а илъэсым щытекIуащ. Щытхъури щIыхьри абы къелъэлъэхырт икIи къыкIэлъыкIуэ зэпеуэхэм сыт щыгъуи хуэдэу ерыщу зыхуигъэхьэзырырт.
- — СССР-м и Лъэпкъхэм я спартакиадэм Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам дэщIыгъуу 1983 гъэм сыкIуащ, — жеIэ Аслъэн. — Абы ипэ ита зыгъэсэныгъэхэм хуабжьу къыщыттрагъэхьэлъати, ди Iэпкълъэпкъыр зэрызэщIэнар лъэужьыншэ хъуакъым: Грузием щыщ Кубусидзе финал ныкъуэм сыщебэну си шхулъэр къутащ. Ар фэбжь хьэлъэ дыдэт. КъызгурыIуащ, си ныбжьыр илъэс 30-м нэсауэ абы иужькIэ спортым къэзгъэзэжыну гугъу зэрыхъунур. Арати, сыкъыхэкIыжын хуей хъуащ. Пэжщ, 1990 гъэм, тренеру къалащхьэм сыщылажьэу, сыкъытрагъэхьэри Мэзкуу и чемпионатым сыщыбэнащ икIи бжьыпэр щызубыдащ.
- Бэнэныр щигъэта иужькIэ, Жаным Аслъэн къалащхьэм къагъанэри, ЦСКА-м алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и тренер нэхъыщхьэу лэжьащ. Абы и гъэсэнхэм ящыщщ Олимп чемпион Олейников Вячеслав, дуней псом щытекIуахэу Велиниченкэ Александррэ Мнацакян Искандеррэ, Европэм щынэхъ лъэща Гришин Евгений сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Олимп резервхэр щагъэхьэзыр Спорт Iэзагъ лъагэм и республикэ школ Налшык къыщызэIуахым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм я лъэIукIэ Жаным Аслъэн адэжь лъахэм къигъэзэжри, абы и унафэщI хъуащ.
- — Школыр къызэIуахащ икIи ехъулIэныгъэфIхэр спортым щыдиIэ хъуащ. АдэкIи зыдужьын хуейти, — жеIэ Жанымым, — нэхъыбэу гулъытэ зыхуэтщIар, дауи, олимп спорт лIэужьыгъуэхэращ: алыдж-урым бэнэкIэм, бэнэкIэ хуитым, дзюдом, атлетикэ хьэлъэм, атлетикэ псынщIэм… Иджы ди гъэсэн куэд къэралым и командэ къыхэха зэмылIэужьыгъуэхэм ираджэ икIи ехъулIэныгъэ инхэр зыIэрагъэхьэ.
- Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Совет Союзым и чемпион, Европэм щытекIуа, Дунейпсо кубокыр зыIэщIэлъ, спортым щIыхь зиIэ и мастер Жаным Аслъэн хуэдэ цIыху, спортсмен гъуэзэджэхэращ щIэблэм я щапхъэр. ИIэщ абы ахэр зыхуигъэсэнрэ зыхуигъэIущынрэ.
- Жыласэ Заурбэч.