КIуэкIуэ Казбек совет сэлэтхэм я фэеплъыр щигъэлъэпIащ «910-нэ лъагапIэм» деж
2020-06-23
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Фэеплъымрэ щыгъуэмрэ я махуэм щыIащ Бахъсэн щIыналъэм щыIэ «910-нэ лъагапIэ» фэеплъым деж икIи абы удз гъэгъахэр трилъхьащ.
- Iуэхум апхуэдэу хэтащ Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Балъкъыз Артур, муниципалитетым и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Абазэ Анатолэ сымэ.
- Удз гъэгъахэр фэеплъым тралъхьа нэужь КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу зэрагъэпэщыжа мемориал комплексыр икIи щIыналъэм и унафэщI-хэм фIыщIэ яхуищIащ ар зыхуей хуэзэу зехьэным я нэIэ зэрытрагъэтым папщIэ.
- 1942 гъэм и гъэмахуэм фашистыдзэхэм, Псыхуабэ къалэр яубыдри, Кавказ Ищхъэрэм адэкIи къебгъэрыкIуащ. 1942 гъэм и шыщхьэуIум къыщыщIэдзауэ 1943 гъэм и щIышылэ пщIондэ совет сэлэтхэр щIэзэуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм. Псом хуэмыдэу бийм гуащIэу щыпэщIэтащ «910-нэ лъагапIэм», Хьэрэ-кхъуэрэ бгым, Зеикъуэ, Къызбрун, Курп Ипщэ къуажэм, Налшык къалэм, бгы щхьэдэхыпIэхэм деж.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.