«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр тыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
2020-06-20
- Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм зегъэужьыным хуащIа хэлъхьэныгъэшхуэм папщIэ, коронавирус узыфэ зэрыцIалэм ебэныным къыщагъэлъэгъуа зэфIэкIхэм, я IэщIагъэм фIыуэ зэрыхащIыкIым икIи илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу зэрылажьэм папщIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр етын:
- Атабиевэ Жаннетэ Хьисэ и пхъум — «Къалэ клиникэ сымаджэщ №2» (узыфэ зэрыцIалэ нэхъ шынагъуэхэмкIэ госпиталь №4) узыншагъэр хъумэнымкIэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и дохутыр-анестезиолог-реаниматологым
- Къэнэмэт Лейлэ Ибрэхьим и пхъум — «Къалэ клиникэ сымаджэщ №1» (узыфэ зэрыцIалэ нэхъ шынагъуэхэмкIэ госпиталь №2) узыншагъэр хъумэнымкIэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм тхьэмбыл узыфэхэр зэфыкIхэр щагъэхъуж и къудамэм и унафэщIым, дохутыр-пульмонологым
- Меркуловэ Александрэ Павел и пхъум — Прохладнэ къалэмрэ Прохладнэ муниципальнэ щIыналъэмрэ я «ЩIыналъэ сымаджэщ нэхъыщхьэ» (узыфэ зэрыцIалэ нэхъ шынагъуэхэмкIэ госпиталь №3) узыншагъэр хъумэнымкIэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и терапие къудамэм и унафэщIым, дохутыр-терапевтым.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
- и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
- Налшык къалэ
- 2020 гъэм мэкъуауэгъуэм и 19-м
- №69-УГ