ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ФIыщIэрэ щытхъурэ зыхуэфащэхэр

2020-06-20

  • СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1980 гъэм жэпуэ­гъуэм и 1-м унафэ къищтауэ ­щытащ Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэр ягъэувыну. Абы щегъэжьауэ, илъэс 40 хъуащи, мэкъуауэ­гъуэм и ещанэ тхьэмахуэр цIыхухэм я узыншагъэр, ­гъащIэр хъумэнымкIэ IэнатIэм пэрытхэм я махуэшхуэщ.
  • Дэтхэнэ зы IэщIагъэми гъащIэм мыхьэнэшхуэ щиIэщ, ауэ ар медицинэм еп­хамэ, абы пылъ жэуап­лыныгъэр куэдкIэ нэхъ инщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ а унэтIы­ныгъэм и лэжьакIуэхэм цIыхум  нэхъ лъапIэ дыдэу иIэр — и узыншагъэр, и гъащIэр — дзыхь хуащI. Абы къыхэкIыу я Iэзагъэм, щIэныгъэм хагъахъуэ зэпыту екIуэкIын ­хуейщ, медицинэм щIэуэ къыхыхьэ псори   я лэжьыгъэм нэсу къыщагъэ­сэ­бэпыфын хуэдэу.

  • Дэтхэнэ зы унэтIыныгъэми хуэ-дэу, медицинэми зэхъуэкIыныгъэхэр къы­хыхьащ, псын­щIэу зы­зыхъуэж зэманым къыздихьащ узыр щыуагъэн­шэу къэху­тэнымкIэ сэбэ­пыш­хуэ хъу IэмэпсымэщIэ куэд. Ап­хуэдэу щытми, сымаджэм  и дежкIэ нэхъыщхьэр дохутырым и гу щабагъырщ, псэ къабзагъырщ,   и гущIэ­гъурщ, и зэхэ­щIы­кIырщ, и псалъэ ­гуа­пэхэрщ. Мис ахэр псо-   ри зэуIуу хэ­лъын хуейщ медици­- нэм и лэжьакIуэ нэсым. Гуапэ зэ­рыхъунщи, ди республикэм ди ма­щIэкъым зыпэрыт Iэ­натIэм зэфIэкI ­лъагэхэр щызиIэ, цIыхухэм зи цIэр фIыкIэ къраIуэ доху­тырхэр. Апхуэ­дэуи щытхъурэ фIы­щIэрэ яIэу ­ди щIы­налъэм щыщ дохутыр куэд ­Урысейм и хэгъэгу­хэм и мызакъуэу, хамэ къэралхэми щолажьэ.
  • Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр иджы къэрал политикэм ща­гъэнэ­хъапэхэм ящыщщ. Ди республикэр къэтщтэнщи, иужьрей илъэсхэм абы зэхъуэкIыныгъэфI­-хэр къыщыхъуащ: медицинэ IуэхущIапIэщIэхэр яухуащ, куэдым зэ­гъэпэщыжы­ныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ, ахэр иджы­рей IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэ­пэщ, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ Iэ­щIагъэлI­хэр гъэхьэзырынми гулъытэ хэха хуащI.
  • ИпэжыпIэкIэ, дохутыр IэщIагъэр жэуап­лыныгъэшхуэ зыпы­лъщ икIи икъукIэ лэ­жьыгъэ хьэ­лъэщ. Абы къы­хэкIыуи доху­тыр­хэм пщIэшхуэ яхуэфащэщ. Тыншкъым махуэ къэс цIыхум и узыншагъэм, апхуэдэу щы­хъу­кIи и гъащIэм и хъумакIуэу ущы­тыныр. Абыхэм я дежщ къыщежьэр жылагъуэ узыншэм и лъабжьэр. Псом хуэмыдэу нобэрей зэманым, дуней псор COVID-19 узыфэ зэрыцIалэм щытыкIэ гугъум щригъэувам, доху­тырхэрщ гугъуехь тIуащIэр зи пщэ къыдэхуар. Абыхэм я къару псори ­хуаунэтIащ уз шынагъуэм цIыхухэр къы­зэрырагъэлыным. Узы­фэ зэры­цIалэхэм еIэзэ доху­тырхэм махуэри жэщри сымаджэщым щагъакIуэ, лэжьэгъуэ сыхьэтыр нагъэсами, ахэр я унэхэм екIуэлIэжыну ­Iэмал ямыIэу. Абыхэм я псэемыблэж лэ­жьы­гъэм и фIыгъэкIэ цIыху мин бжыгъэхэр уз шынагъуэм къыIэщIэкIыфащ. Шэч къы­тумыхьэу жыпIэ хъунущ нобэ ди зэманым и лIыхъужь нэхъыщ­хьэу ахэр зэрыщытыр.
  • Медицинэм и лэжьакIуэ псоми я махуэшхуэмкIэ дохъуэхъу. Ехъу­лIэ­ныгъэ, узын­шагъэ быдэ яIэу, фIы­щIэмрэ щыт­хъумрэ щымы­-щIэу, цIыху­хэр къахуэарэзыуэ, я лэжьыгъэм и хъер ялъагъуу я IэнатIэ мытыншыр ирахьэкIыну ди гуа­пэщ.
  • ЩхьэщэмыщI  Изэ.