Япэ адыгэ бзылъхугъэ усакIуэ
2020-06-18
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ усакIуэ Балъкъэр Фоусэт и гуащIэмкIэ хузэфIэкIащ лъэпкъ литературэм и тхыдэм дыщэпскIэ тхауэ и цIэр къыхинэн. Фоусэт и IэдакъэщIэкI купщIафIэхэр щызэхуэхьэсауэ тхылъ щэщIым щIигъу дунейм къытехьащ, абыхэми езы усакIуэ бзылъхугъэм и гуащIэми щытхъу псалъэхэр цIыху куэдым хужаIащ. Къимылэжьауэ абыхэм зыри яхэткъым жыпIэми, пцIы лъэпкъ хэлъкъым.
- УсакIуэм и тхыгъэхэм дахэу къыщыIуэтащ цIыхухэм я гупсысэр, я гуращэхэр, я лIыхъужьыгъэр, я IуэхущIафэхэр, абыхэм Балъкъэрым щигъэлъапIэр Хэкурщ, абы и бын псэемыблэжхэм я лIыгъэ-хахуагъэрщ, лъагъуныгъэм и лъэкIыныгъэрщ.
- Щхьэхуэу утепсэлъыхьыну къалэжь темэ куэд къыщыIэта, куууэ узыгъэгупсысэ, цIыху гъащIэм щIыпIэ ин щызыубыд Iуэхугъуэ щхьэпэхэм я щхьэфэ иIэбэ и поэмэхэм. Абыхэм гъащIэм и лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр сэтей къащI. ЖыпIэнурамэ, адыгэ усыгъэм зи къалэмыр жану хуэзыгъэлэжьа цIыхущ Балъкъэр Фоусэт.