ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIыгум и блэкIами хуэсакъыпхъэщ

2020-06-11

  • Адыгэ-убых-абазэ лъэпкъ зэ­рыбыныр зэрыса щIыналъэм и плIа­нэпэ куэд къызэхэзыкIухьа л­ъахэхутэ цIэрыIуэ Ефремов Юрий и IэдакъэщIэкIщ «Хы ФIыцIэ Iуфэм къегъэщIылIа щIыпIэхэм япхыкI ­лъагъуэхэмкIэ» («Тропами горного Черноморья») и тхылъ гъуэзэджэу илъэс пщIы бжыгъэм къриубыдэу здэщыIа щIыпIэхэм щилъэгъуа­хэмрэ гурыгъу-гурыщIэу щызыхищIахэмрэ щытетхыхьыжар.

  • ЗэрыщIалэ гурыхуэм, гумызагъэм, къызэрыгуэкI щIыпIаплъэу зэрыщымытым къыхэкIыу, Ефремовым, фIэгъэщIэгъуэн хъури, Москва дэт тхылъ хъумапIэхэм къыщилъы­хъуат КъухьэпIэ Кавказыр Урысей къэ­ралыгъуэм зэрызыIэригъэхьа щIыкIэм теухуа дэфтэрхэр.

  • «А лъэныкъуэр кIуапIэ щысхуэ­хъуагъащIэхэм сыдэзыхьэхыу щытар щIыуэпсым  и дахагъэмрэ щIыналъэм и зэхэлъыкIэ телъыджэмрэт, — игу къегъэкIыж Ефремовым. — Ауэ, КъухьэпIэ Кавказыр зэгъэцIыхун Iуэхур абыкIэ зэрызэфIэмыкIынур къызгурыIуэжри, япэщIыкIэ Сочэ пэгъунэгъуу щыIэ Къуэбыдэ (Красная Поляна, Кбаадэ) щIыпIэм и тхыдэм щыгъуазэ зыхуэсщIыну мурад сщIащ. Нэхъ тыншыр арати, зыгъэпсэ­хуакIуэхэм къадэлажьэхэм къыздрахьэкI тхыгъэхэм щыгъуазэ зыхуэс­щIащ. Телъыджэщ, ауэ фи фIэщ зэрыхъун, абыхэм зи гугъу сщIы щIыналъэм и блэкIам теухуауэ зы псалъэуха нэхъ мыхъуми къыщызгъуэ­такъым, «гъуэгугъэлъагъуэхэр тхыдэ хъыбархэм щымыгъуэзэххэу ара, атIэ!» жыуагъэIэу».

  • Лъахэхутэм зэритхымкIэ, Къуэбыдэ и Iэшэлъашэм зыщызыгъэпсэхуну гупыж зыщIхэм  я  дежкIэ  куэдкIэ нэхъ щхьэпэщ, а щIыпIэми КъухьэпIэ Кавказым и адрей плIанэпэхэми пасэм щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм фIыуэ хэзыщIыкI цIыхухэр къадэлажьэмэ. «Кавказым зыщызыплъыхьыну ­къакIуэхэр дэзыхьэхын хуейр абы и щIыуэпсым и дахагъэм и закъуэкъым, атIэ я лъэр здынахус щIыгум ижькIэрэ щыпсэуа лъэпкъхэм я тхыдэми щэнхабзэми хащIыкIыпхъэщ», — щыжеIэ адэкIэ лъахэхутэ цIэрыIуэм и тхылъым.
  • Ефремов Юрий зэритхымкIэ, ­КъухьэпIэ Кавказыр Урысейм къи­-зэун щыщIидзари щиухыжари ­Къуэбыдэ къуэладжэрщ. Ар къыщIыхигъэщыр, я щхьэхуитыныгъэр яхъу­мэжу, бийм пэува шэрджэсхэм а щIыпIэм исахэм нэхърэ нэхъ ерыщ къахэмыкIауэ къызэрилъытэрщ. ­«Къурш жьанэхэм дэубыдауэ щыта мы тIуащIэр, зэрыекIуэлIэгъуейм къы­хэкIыу, адрей щIыналъэхэм япэ­IэщIэт. Сыщыгъуазэщ, хы ФIыцIэ Iуфэм и кIыхьагъкIэ щаухуауэ щыта  япэ урыс быдапIэхэр зэрыщызэтра­къутэжами, Урысей пащтыхьым и тIасхъэщIэх Торнау Фёдор и щэ­ху­рыкIуэ зекIуэхэм ящыщ зыр мы щIыпIэм зэрыщыпхыкIами, нэгъуэщI­хэми…», — щитхыгъат а тхылъым зи ­гугъу тщIа лъахэхутэ цIэрыIуэм.
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.