Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэмкIэ зэрехъуэхъур
2020-04-30
- Къэбэрдей-Балъкъэрым пщIэ зыхуащI и цIыхухэ!
- Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу!
- Псоми ди зэхуэдэу икIи республикэм щыпсэу дэтхэнэми фIыуэ илъагъуу мы махуэшхуэр хуэфащэу къалъытэ. Мамырыгъэмрэ гуащIэдэкIымрэ ар и нэщэнэщ, узэщIыныгъэмрэ зэIузэпэщыныгъэмрэ, гъащIэмрэ гугъэ нэхухэмрэ абы уахешэ, тхыдэмрэ нобэмрэ зэпещIэ.
- Илъэс куэд хъуауэ Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэр ягъэлъапIэ цIыху куэдхэр къызрихьэлIэ демонстрацэхэмрэ пэкIухэмкIэ, цIыхубэ нэгузегъэужьхэмрэ концертхэмкIэ, нобэрей гъащIэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ветеранхэм я гуащIэдыкI лIыхъужьыгъэр яIэту.
- АрщхьэкIэ дызэрыт илъэсым а махуэшхуэр догъэлъапIэ IэмалыншагъэкIэ дызыпэщIэхауэ, цIыхухэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ тхъумэн папщIэ. Си фIэщ мэхъу, ди зэфIэкIхэр зэхэтлъхьэу, ди зэкъуэтыныгъэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрызиужьынумрэ зэIузэпэщыныгъэмрэ зэгъусэу дызэрыхущIэкъум я фIыгъэкIэ дэ гъэхутэныгъэ псоми дазэрыпэлъэщынур, къыкъуэкI лъэпощхьэпохэр къызэднэкIыу республикэм щыпсэу дэтхэнэми и гъащIэр егъэфIэкIуэнымкIэ ди мурадхэр зэрызэдгъэхъулIэфынур.
- Узыншагъэ, мамырыгъэ, насып, зэIузэпэщыныгъэ, къефхьэжьа IуэхугъуэфIхэм ехъулIэныгъэ щывиIэну псоми гуапэу сынывохъуэхъу.