КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и профсоюз зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум теухуа и хъуэхъу
2020-04-14
- Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
- Профсоюзым хэтхэм, абы и ветеранхэм, ар жыджэру дэзыIыгъхэм, профсоюз лэжьакIуэ псоми сынывохъуэхъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и профсоюзхэр илъэси 100 зэрырикъумкIэ.
- А зэщIэхъееныгъэм и хабзэхэр зэрызэфIэувам, профсоюз идеологием и лъабжьэр зэрызэтрагъэпсыхьам икIи цIыху нэхъыбэ дыдэ зыхэт а жылагъуэ зэгухьэныгъэр къэралми ди республикэми зэтеухуауэ илъэс куэд хъуауэ зэрыщылажьэм къагъэлъэгъуащ абы и къарумрэ и мыхьэнэмрэ. Дэ пщIэшхуэ яхудощI профсоюз зэщIэхъееныгъэм и ветеранхэм, зауэ лъэхъэнэ гугъум лэжьакIуэбэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжыным зи гъащIэр тезыухуахэм, фIыщIэ яхуэфащэщ нобэрей зэманым а Iуэхур зи пщэ дэлъхэми, профсоюз лэжьыгъэм и купщIэр — гуащIэрыпсэу цIыхум къыщхьэщыжыныр, абы социальнэ-лэжьыгъэ и лъэныкъуэкIэ иIэ хуитыныгъэхэмрэ и сэбэп зыхэлъхэмрэ пхыгъэкIыныр — зыхъумэфахэм.
- Нобэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэр» щытщ лэжьакIуэ нэхъыбэ дыдэ зыхэт республикэ зэгухьэныгъэу, Iулыдж зиIэ граждан институту икIи IэнатIэ Iутхэм я сэбэп зыхэлъхэр зыхъумэ IэнатIэ нэсу. Профсоюзхэр нобэ щытщ властым, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэзыгъэпэщхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ яку дэт дэлэл нэхъыщхьэхэм ящыщу. Апхуэдэуи, социальнэ зэдэлэжьэныгъэм и институту профсоюзхэм къызэрагъэпэщар социально-экономикэ Iуэху гугъухэр зэфIэхынымкIэ щапхъэфI хъуащ.
- Профсоюз активым сохъуэхъу профсоюзым хэтхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным, абыхэм я сэбэп зыхэлъхэр пхыгъэкIыным дяпэкIи ехъулIэныгъэщIэхэр щызыIэрагъэхьэну, я сатырхэр кIуэ пэтми нэхъ быдэ хъуну, а зэгухьэныгъэм хэтхэми узыншагъэ, зэIузэпэщыгъэ яIэну.