ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Олимпиадэм хэтыну Махуэм Iэмал къыхукъуэкIыжа?

2020-04-09

  • Адыгэми къэралми я пщIэр лъагэу зыIэт, адэкIи бэкIэ дызыщыгугъ Махуэ Билал теухуауэ мазитI ипэкIэ Урысейм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэIэпаха щIэщхъу бзаджэр спортым дихьэх дэтхэнэми и гум щIыхьащ. «Щэнейрэ дунейпсо чемпион бэнакIуэ цIэрыIуэр до-пинг зрихьэлIауэ хуагъэфащэ» — апхуэдэ псалъащхьэм щIэту, зыр адрейм щхьэпрыкIыжыну яужь иту дызыпэмыплъа Iуэхугъуэр ирахьэжьащ. Псом хуэмыдэу ар зыхащIащ щIыпIэ куэдым щызэбгырыдза ди лъэпкъэгъухэм. Абы лъандэрэ зэман хъарзынэ дэкIащ икIи куэдым зихъуэжащ. Дуней псор зыгъэгулэз коронавирусым и зэранкIэ Iуэхугъуэ куэд къызэтрагъэувыIащ е ягъэIэпхъуащ. Къапщтэмэ, зы илъэскIэ нэхъ кIасэу, 2021 гъэм, зэхэтыну унафэ ящIащ Махуэ Билал щытекIуэну игъащIэ лъандэрэ зыщIэхъуэпс Гъэмахуэ Олимпиадэр. Хэт ищIэн, апщIондэхукIэ ди бэнакIуэ цIэрыIуэр хей ящIыжынкIэ е, тезыр гуэр тралъхьэмэ, ипшыныжыну хунэсынкIэ хъунщ.

  • Дуней псом щэнейрэ и чемпион Махуэ Билал щытыкIэ гугъум ихуащ.

  • Мы гъэм щIышылэм (январым) и кIэухым Италием щекIуэкIа Пелликоне Мат-тео и фэеплъ зэхьэзэхуэращ псори къыщежьар. Куэд щIауэ зэпеуэхэм хэмыта Махуэ Билал абы ирагъэблэгъащ.
  • Зэман кIыхькIэ зигъэхъужарэ, утыку къызэрихьэжрэ куэд мыщIа адыгэ пелуа-ныр зрагъэлъагъуну, абы и IэзагъымкIэ дэрэжэгъуэ зрагъэгъуэтыну зэхьэзэхуэр щекIуэкI  Рим  и бэнакIуэ пэш нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зым цIыху минхэр къыщызэхуэсат. Ди лъахэгъум ахэр игъэщIэхъуакъым.
  • Нэхъ хьэлъэ дыдэхэм, килограмми 125-м нэсхэм, я зэпеуэм Махуэр гугъуу хыхьащ. Нэрылъагъут ар куэд щIауэ зэхьэзэхуэ инхэм зэрыхэмытар икIи я гуащIагъым мащIэу зэрыщыужар. Аращ къызыхэкIар Венгрием щыщ Лигетти Даниэл хуабжьу гугъу зэрыдехьар. Билал абы зэрефIэкIыфар зы балл закъуэщ — 4:3.
  • КъызэщIэплъа адыгэ щIалэр адэкIэ вы губжьам хуэдэт. Канадэм къикIа Дхеси Амарвир ар 8:0-у текIуащ. Финал ныкъум къыщыпэщIэува Венесуэлэм щыщ Урбанейя Луиси зыщыгугъын щыIэтэкъым. Билал ари 10:0-у хигъэщIащ.
  • Упэплъэ хъунут текIуэныгъэм и IэфIагъыр зыхэзыщIэу щIэзыдзэжа Махуэм адэкIи къыпэлъэщын щымыIэу. АрщхьэкIэ ди пелуаныр иджыри мыхьэзырыщэу къыщIэкIащ икIи Ираным къикIа Заре Амир и ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэм къапикIуэтащ — 3:5.
  • Финалым къыщыхагъэщIа пэтми, Махуэм зэрызиужьыжыр нэрылъагъут икIи куэдкIэ щыгугът. Абы и щыхьэтщ бэнэкIэ хуитым- кIэ къэралым и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Тедеев Дзамболэт тхьэмахуэ ипэкIэ жиIар:
  • — Гъатхэпэм и 19 — 22-хэм Будапешт (Венгрие) щекIуэкIыну олимп лицензэхэм щризэныкъуэкъуну зэхьэзэхуэм Махуэ Билал худогъэхьэзыр. Пэжщ, иджыблагъэ Италием щыIа зэпеуэм наIуэ ищIащ иджыри ар зэрымыхьэзыр дыдэр, ауэ хъарзынэу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи саугъэтыншэу къигъэзэжакъым. Хуэм-хуэмурэ абы и къарур зэрогъуэтыж икIи Урысейм и чемпионатымрэ Олимп Джэгухэмрэ ирихьэлIэу и лъэщагъ псори зэфIэувэжынущ.
  • — ТхьэмахуитI дэкIмэ зэхэтыну Европэм и чемпионатым кIуэнухэм Махуэр яхэ-тыну? — жаIэу щеупщIым, дыщIигъуащ.
  • — ХэтынкIэрэ хъунущ. Псори наIуэ щыхъунур гупыр зэхуэтшэсрэ, дахэплъэжа иужькIэщ.
  • А псалъэмакъым къигъэлъагъуэрт Махуэ Билал зэхьэзэхуэ инхэр къызэрыпэплъэр. АрщхьэкIэ, мазаем и 3-м къэхъуар акъылым къитIасэркъым: Урысейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм         и тхьэмадэ Мамиашвили Михаил хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм яжриIащ Олимп Джэгухэм я вице-чемпион, дуней псом щэнейрэ щытекIуа Махуэ Билал и лъым хуит ямыщIа хущхъуэхэр хэту Италием щыIа зэпеуэм иужькIэ ирагъэщIа допинг-къэпщытэныгъэм къызэригъэлъэгъуар.
  • — Документхэр официальнэу къысIэрагъэхьа иужь-кIэ, сэ Махуэ Билал сепсэлъащ, — къыхигъэщащ Мамиашвили. — Абы ткIийуэ тригъэчыныхьыркъым хуит ямыщIа, къарум хэзыгъахъуэ хущхъуэхэр и лъым хэмыту, ауэ ар къызыхэкIагъэну хуигъэфащэр, дохутырхэм хуатхауэ, и щхьэгъусэм апхуэдэхэр зэрызрихьэлIэращ.  Сэ сызэреплъращи: си пащхьэм документхэр илъщ, адрей псори тхьэмыщкIэхэм ехьэлIа псалъэмакъыу аращ. Билал дыдэIэпыкъуну зыкъытхуигъэзакъым, апхуэдэу ищIэмэ, дегупсысынщ.
  • Европэм, дуней псом, Олимп Джэгухэм, нэгъуэщI зэхьэзэхуэ инхэм илъэс пщыкIутхум щIигъуауэ къэралым и щIыхьыр щызыIэт бэнакIуэ цIэрыIуэм Урысейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэр къызэрыхущIэкIыжар аращ. ГущIыхьэщ. Iуэхур ирахьэжьа къудейщ, пэжри пцIыри нэсу зэхагъэкIакъым. Абы щыгъуэми къыщхьэщыжыну  зи къалэнхэм я щIыб къагъазэу щIадзащ. Мамиашвили, уеблэмэ жиIащ Махуэ Билал куэд щIауэ зэрымы-бэнэжыр икIи къэралым и гуп къыхэхам зэрыхэмытыжыр, зыщигъэсари, зыщигъэхъужари Германиерауэ.
  • — Махуэ Билал допингым зэребэн хабзэхэр къызэпиудауэ къыщIэкIынкIэ зэрыхъунум теухуауэ Федерацэм и тхьэмадэ Мамиашвили Михаил жиIахэр и лъабжьэу Урысейм допингым щыпэщIэт агентствэм Iуэху къызэIуех, — щигъэгъуэзащ журналистхэр а IэнатIэм и унафэщIым и къуэдзэ Пахноцкая Маргаритэ. — Абы къикIынур зэкIэ гурыIуэгъуэкъым, ауэ бэнакIуэм Iэмал иIэщ тхьэмахуитIым къриубыдэу ар къызэрыхъуам и щхьэусыгъуэр къыдгуригъэIуэну.
  • Дапхуэдэу мы мыхъумыщIагъэр иухми, абы            фIы къикIынукъым. Пэжщ, фIэщ щIыгъуейщ Махуэ Билал иджыри къэс иIа ехъулIэныгъэхэм шэч къытрахьэжу и медалхэм ящыщ гуэр Iахыжыну: ар допинг къэпщытэныгъэ куэдым илъэс зыбжанэ хъуауэ пхырокI икIи зэи гурыщхъуэ гуэр зыми къыхуищIакъым. Италием щыщыIа зэпеуэ къызэрыгуэкIми, и къарур хэ- зыгъахъуэ хущхъуэ къыщигъэсэбэпыну тегушхуауэ жыпIэнри къемызэгъщ — ар дунейпсо зэхьэзэхуэкъым е Олимпиадэкъым, апхуэди-зу мылгъурыджэм уритехьэну.
  • Махуэ Билал и закъуэу утыку къызэрырамынэнур гурыIуэгъуэщ. Абы и щIыбагъ къыдэтщ къызыхэкIа адыгэ лъэпкъыр, зи щIыхьыр ихъумэ Дагъыстэныр, нэгъуэщI куэди. Гуапэ къытщыхъуащ Мэзкуу щыIэ «Бишенов и Партнеры» адвокат зэгухьэныгъэм и унафэщI Бышэн Алим Инстаграмым кърилъхьа хъыбарыр: «Нобэ урысей хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр къызэщIиIэтащ Махуэ Билал теухуа Iуэхум. Спорт бэнэкIэмкIэ федерацэми псалъэмакъышхуэ къыщыхъеящ. Сэ сызэреплъымкIэ, сыт хуэдэ хущхъуэ икIи дапхуэдизу Ма-хуэм къигъэсэбэпами зэкIэ жыпIэну пасэщ. Дэ иджыпсту зыщыдогъэгъуазэ абы и допинг къэпщытэныгъэм кърикIуахэм. КъищынэмыщIауэ, гурыIуэгъуэкъым Урысейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм занщIэу и щIыб къыщIигъэзам и щхьэусыгъуэр, Iуэхур зэхэгъэкIын щIадза къудейуэ аращ. Сэ Iэмал псори къэзгъэсэбэпынущ си ныбжьэгъу, спортсмен цIэрыIуэм и пщIэр схъумэу сыкъыщхьэщыжын, ар зэрыхейр наIуэ сщIын папщIэ».
  • Къэралми, Европэми, ЩIы хъурейми мызэ-мытIэу щытекIуа Махуэ Билал иужь илъэсхэм и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр Олимп Джэгухэм я дыщэ медалрат. АрщхьэкIэ Тхьэшхуэм иухауэ къыщIэкIынукъым ар абы тыншу къехъулIэну. Абы и нэщэнэщ олимпиадэхэм къыщыпэув лъэпощхьэпо зэмылIэужьыгъуэхэр.
  • Сыт пщIэн, Алыхьым жыхуиIам уфIэкIынукъым. Махуэ Билал и насып хэмылъынкIи хъунщ Олимп Джэгухэм щытекIуэну. ЯпэщIыкIэ щхъухь кърахьэлIэри, 2008 гъэм абыхэм ягъэкIуакъым. КъыкIэлъыкIуэм дыжьыным фIэкIа къыщылъысакъым. Рио-де-Жанейрэ къыщыхъуари псоми ди нэгу щIэкIащ. АрщхьэкIэ абде- жым гъащIэр щиухыркъым. Дыщыгугъынщ пэжыр зэфIэувэжу Махуэ Билал Токио щыIэну Олимпиадэм етIанэгъэ хэтыну икIи спортым щиIэ и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр къехъулIэну.
  • Жыласэ  Заурбэч.