ЗэдэIэпыкъуныр шэсыпIэщ
2020-02-22
- КъБР-м и Правительствэм мазаем и 20-м зэIущIэ щхьэпэ щекIуэкIащ. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Президент Путин Владимир щIышылэм и 22-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ езым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щигъэува Чайкэ Юрий. ХьэщIэ лъапIэмрэ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ тепсэлъыхьащ ди щIыналъэм щызэфIэува жылагъуэ-политикэ щытыкIэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и псэуныгъэ-экономикэ зыужьыныгъэм ехьэлIа Iуэхухэм.
- — ЩIыналъэхэм кIуэныр нэгузыужь Iуэхукъым, — жиIащ Чайкэ Юрий, зэIущIэр къыщызэIуихым. — Ар увын хуейщ дызытемыкI хабзэу. Дэтхэнэ хэгъэгуми нэхъыбэрэ дыкIуэху, абы и экономикэмрэ псэукIэмрэ я щытыкIэм, ахэр къэIэтын папщIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм нэхъ куууэ дыхэгъуэзэнущ. Мыхьэнэшхуэ яIэщ мыпхуэдэхэм деж властыр зыIыгъхэм я мызакъуэу, жылагъуэми цIыху къызэрыгуэкIхэми дазэрыхуэзэм. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и закъуэщ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр щегъэкIуэкIынымкIэ Iэмалу слъагъур.
- Полномочнэ лIыкIуэм къызэрыхигъэщамкIэ, яубзыхуахэр зрагъэхъулIэфмэ, КъБР-м щыпсэухэм илъэсым и кIэм зыхащIэнущ зыщыгугъ зэхъуэкIыныгъэхэр зэпэщу зэрекIуэкIыр, властым и федеральнэ органхэмрэ щIыналъэхэмрэ нэхъ быдэу зэдэлажьэ, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъур.
- — ЩIыуэпсым и къулеягъкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэбгъэщхь хъун нэгъуэщI щIыналъэ Урысей псом щыгъуэтыгъуейщ. КъыхэгъэщхьэхукIын хуейщ республикэм и турист IэнатIэм иужьрей лъэхъэнэм мыIейуэ зэрызиужьри. Мыбдежым а унэтIыныгъэм мы зэманым щыпэрытщ IуэхущIапIэ 212-рэ. Абыхэм ящыщу 156-р цIыхухэм нэхъ зыщагъэпсэху щIыпIэхэм щыIэщ. ГугъэфI къозыт зэхъуэкIыныгъэ щхьэпэхэр щокIуэкI мэкъумэш хозяйствэм и IэнатIэми. Республикэм ехъулIэныгъэкIэ щагъэзащIэ цIыхухэр кхъахэ хъуа унэхэм къыщIагъэкIыурэ псэупIэщIэхэм ягъэIэпхъуэнымкIэ программэри. Сыт а псом дэ къыджаIэр? Мыхьэнэ ин зиIэ унэтIыныгъэхэмкIэ гъуэгу фызэрытетырщ. Ар и щыхьэтщ, дызэдэлажьэмэ, дяпэкIи куэд зэрызэфIэдгъэкIыфынум, — къыпищащ и псалъэм Чайкэ Юрий.
- Президентым и лIыкIуэм къелъытэ ди республикэм и бюджетым зэрызиIэтыр щIыналъэм зэрызиузэщIыр зыгъэнэрылъагъу Iуэхугъуэу зэрыщытри. Ауэ, итIани, къыхигъэбелджылыкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым псынщIэ дыдэу щызэфIэгъэкIын хуей къалэнхэри зэрыщыIэр.
- — КИФЩI-р зэрыщыту къэтщтэнщи, щытыкIэр зэрыщефIакIуэр нэрылъагъуми, зэрызыщихъуэжыр хуэмыIуэущ. ЩIыналъэм экономикэмрэ социальнэ унэтIыныгъэмкIэ и зэфIэкIыр къэралым и адрей хэгъэгухэм елъытауэ, ику иту къэтщтэнщи, яужь итхэм ящыщщ. Аращ КИФЩI-м социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ и зыужьыкIэм хуэгъэза программэхэм ящыщу лъэхъэнэ кIыхьым тещIыхьахэр Iыхьэ-Iыхьэу зэпыудауэ, ахэр зэкIэлъыгъэкIуауэ гъэзэщIэным щIыкIэлъыплъыпхъэр.
- Чайкэ Юрий къызэрилъытэмкIэ, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм я гъащIэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыщыгъэхъупхъэщ. Абы папщIэ, псом япэрауэ, лъэпкъ проектхэр щыпхыгъэкIыным нэхъри щIэгъэхуэбжьауэ яужь щитыпхъэщ.
- — КИФЩI-р къызэрыунэхурэ блэкIа илъэсхэм къриубыдэу мы къулыкъум тетахэми хэгъэгу властым щыщхэми щIыналъэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ и щытыкIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ. АрщхьэкIэ, къызэрыхэдгъэщащи, иджыри зэфIэхын хуейхэр нэхъыбэжщ. Абыхэм ящыщщ фызыщыгугъахэмрэ къывэхъулIахэмрэ зэтегъэхуэныр, лэжьапIэншэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэныр, уней IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм улахуэхэмкIэ къатехуа щIыхуэр егъэпшыныжыныр, сабий зеиншэхэр псэупIэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр, къагъэсэбэп гъэсыныпхъэхэмкIэ зытрагъэхуа я щIыхуэхэр егъэпшыныжыныр, пIалъэ кIыхь хъуауэ яхуэмыух ухуэныгъэхэр и кIэм нэгъэсыныр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм щыщыIэ псэуныгъэ-экономикэ щытыкIэм и гугъу щищIым къыхигъэщащ блэкIа илъэсым ди щIыналъэм языныкъуэ унэтIыныгъэхэмкIэ ехъулIэныгъэфIхэр зэрыщыдиIар. Къапщтэмэ, КъБР-м зэрыщыту продукцэу къыщалэжьыр 2018 гъэм елъытауэ процент 1,5-кIэ нэхъыбэ хъуащ.
- — Республикэм телъ къэрал щIыхуэр 2020 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу процент 22-кIэ ехуэхащ. Ахэр пшыныжыным текIуадэри процент 53,1-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ. Хуит къэхъужа мылъкур псэуныгъэ IэнатIэм щедгъэкIуэкI нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэм хуэдутIыпщащ. КИФЩI-м хыхьэ хэгъэгухэм ящыщу ди республикэм и закъуэщ упсэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу узыхуеину ягъэувам зи пенсэхэр нэмыс цIыхухэм ахэр зэхуэзыгъэкIуэж ахъшэ 2020 гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ щыхуаутIыпщар, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
- КъБР-м и Iэтащхьэм щIигъужащ лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэр республикэм и экономикэм зезыгъэужь къару лъэщу зэрыувар.
- ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхухэм теухуауэ къызэхуэсахэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ «ХъумапIэ банк» ПАО-м и Ипщэ-КъухьэпIэ къудамэм и Iэтащхьэ Титов Евгенийрэ.
- — Зэдэлэжьэн щIэддза къудейщ. Ауэ дэ гугъэфIхэр диIэщ зэхъуэкIыныгъэфIхэр зэрыщекIуэкIыр щIыналъэм щыпсэу дэтхэнэми икIэщIыпIэкIэ зэрызыхищIэнум щыхьэт дытехъуэфынымкIэ. Си фIэщ мэхъу дзыхь зэхуэтщIрэ зым адрейм зыщIигъакъуэу дызэдэлажьэмэ, ар зэрытхузэфIэкIынур, — къыхигъэщащ Титов Евгений, зэIущIэр щиухым.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.