2020-02-22
- УФ-м и лIыкIуэу Тыркум щыIэ Ерхов Алексей
- адыгэхэм зэрытепсэлъыхьар
- Мазаем и 13-м Абхъаз Республикэм и «Спутник» агентствэм УФ-м и лIыкIуэу Тырку Республикэм щыIэ Ерхов Алексей Урысеймрэ Тыркумрэ зэрызэбгъэдэт щIыкIэм тепсэлъыхь пэтрэ, адыгэхэм ятеухуауэ псалъэ зыбжанэ жиIащ.
- «ЩАПХЪЭ къыпхуэсхьынщ нобэ куэд зытепсэлъыхьхэм язу, — зыхуегъазэ Ерхов журналистым. — XIX лIэщыгъуэм екIуэкIа «Кавказ зауэ» нэужьым Кавказ Ищхъэрэр зыбгына адыгэхэм я ИстамбылакIуэм хуэдэр. Истамбыл консул нэхъыщхьэу сыщыщыIам зэман къытхуихуэрт ди хэщIапIэм и гупэм махуэ къэмынэу Урысейм еныкъуэкъу демонстрацэхэр, Кавказ зауэр зэриухрэ иджыри зы илъэс къыхэхъуэху, къыщызэхэувэу. КъаIэт къыхуеджэныгъэхэри щIагъуэтэкъым, пэжым ухуеймэ. Псалъэм папщIэ: «Урысейр цIыхуукIщ, Кавказым ирырекI!» — апхуэдэ гуэрхэр. Урысей тетыгъуэр зыгъэпуд псалъэ нахуэхэр щыжаIэпэ къэхъурт, уеблэмэ.
- Куэдрэ депсэлъащ ахэр къызэзыгъэпэщхэми абыхэм къагуэувэхэми. КъыдгурыIуащ псори тхыдэм щызэфIэува гупсысэкIэ пхэнжым къызэрыхэкIыр: щIыналъэщIэхэм хуэпабгъэ Урысей бзаджэр мамыру псэу и гъунэгъу адыгэхэм, шапсыгъхэм, къинэмыщIхэм ятеуэри, лъэпкъ игъэкъэбзыкIыкIэ IэмалкIэ я хэкум ирихуащ. Иджы а шыпсэ дахащэр икъукIэ зыгуэрым и фIэщ ищIыну хуейщ, псом хуэмыдэу ипэжыпIэкIэ гугъуехь зышэча, я нэгу щIэкIа бэлыхьым и хъыбар къыкIэлъыкIуэ щIэблэм лъэзыгъэIэсахэм.
- Зэ IуплъэгъуэкIэ сурэт зэгъэкIуащ, ауэ нэгъуэщIынэкIэ укъеплъмэ, Iуэхур апхуэдэ дыдэу щытауэ плъагъуркъым. НэгъуэщI тхыдэ напэкIуэцIхэри уигу къокIыж, а сурэтым хэмызагъэу. АпщIондэху фIыцIэрэ хужьу къыпфIэщIа сурэтыр зэмыфэгъу мэхъу, къызэрыпфIэщIым хуэдэу къызэрыгуэкI Iуэхууи щытыжкъым зи гугъу пщIыр.
- Псалъэм папщIэ, зыхэпсэукI псори гъунэгъухэр зэрахъунщIэм, зэраукIым, ахэр пщылIу зэращэм къыхэзыххэм ябгъэдэсу псэуа урыс станицэхэм ар къазэрыщыхъуу щытам зыгуэр егупсысрэ? Мазэ, тхьэмахуэ, махуэ щIагъуэ дэмыкIыу а «бгырыс мамырхэр» къакIуэу цIыхухъухэр яукIынкIэ, цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ гъэру яубыдынкIэ зэрыхъунур ящIэу?
- Арати, а зэманым щыIа урыс тетыгъуэм а псор ишэчым-ишэчурэ, и тэмакъкIыхьагъыр щыхуримыкъужым, еуэри армэр иутIыпщащ. ЯпэщIыкIэ мамыру узыдэмыпсэуфынухэм я гу-пэ гъунапкъэ къригъэуващ. Апхуэдэуи щымыхъум, я псэукIэ щIэпхъаджэр зэпиудащ.
- А цIыхухэм жраIащ: е тафэщIхэм фоIэпхъуэри щIы къыват, фылажьэ-фышхэжу фытесыну, е фи къуэш Тыркум фригъэхьэну арэзыщи, щIыналъэм фоIэпхъукI. Iэпхъуэну мурад зыщIахэр къахэкIащ. Пэжщ, гугъу ехьахэщ: мэжэщIалIагъэр, щIыIэр, узхэр, гъуэгум тетыхукIи нэса нэужькIи яшэчащ. Къэнэну мурад зыщIахэри къахэкIащ. Ахэри гугъу ехьащ Урысеймрэ Совет Союзымрэ иса адрей лъэпкъхэм я гъусэу. Ауэ, абы и щхьэусыгъуэр нэгъуэщIт».
- Кавказ зауэр «псысэ дахащэкъым»
- каффед-м Урысей Федерацэм и лIыкIуэу Тырку Республикэм
- щыIэ Ерхов Алексей ирита жэуап
- Урысей Федерацэм и лIыкIуэу Тырку Республикэм щыIэ Ерхов Алексей «Спутник» агентствэм 2020 гъэм мазаем и 13-м ирита интервьюм щыжиIахэмкIэ адыгэхэм я тхыдэр пхэнжу къигъэлъагъуэри, лъэпкъри игъэпудащ.
- Ауэ тхыдэм къигъэув щыхьэтхэр наIуэщ. XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм Урысей пащтыхьыгъуэм иубыд щIыналъэхэм зригъэубгъуным зэрыхуэпабгъэм лъабжьэу иIар «лъэпкъ мыгъасэхэм цивилизацэ хуахьынырщ». Апхуэдэ пащтыхь гупсысэкIэмрэ зэрыпхъуакIуэ гукъыдэжхэмрэ япкъ иткIэ, адыгэхэм я мызакъуэу, иджырей Кавказ Ищхъэрэри, Кавказ Ипщэри, Сыбырри, Азие Курытри, Финляндиери, Прибалтикэри хагъэхьауэ щытащ Урысейм ищIхэм. Адыгэхэмрэ Совет Союзым хиубыдэу щыта адрей лъэпкъхэмрэ «цивилизацэр зэгъэцIыхун хуей лъэпкъ мыгъасэхэу» ялъытэу зэрыщытар дунейпсо цIыхубэм игъэикIа, утепсэлъыхьыну зыхуэмыфащэ Iуэху еплъыкIэщ.
- Адыгэхэр зи цивилизацэ зиIэж, я хабзэ зехьэкIэмкIэ адрейхэм щапхъэ яхуэхъу, илъэс мин бжыгъэ хъуауэ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъыжьщ. ЛIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ ахэр япэщIэтыфащ ипщэмкIи, къуэкIыпIэмкIи, къухьэпIэмкIи къебгъэры-кIуэ бийхэм, къапэгъунэгъуу псэу лъэпкъхэм мамыру ябгъэдэту. Ерхов Алексей жиIэр нэгъуэщIми, адыгэхэм, лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, адрей лъэпкъхэм уазэрыдекIуэкIыфыну Iэмалхэм фIыуэ хащIыкI.
- Иджыри гу зылъытапхъэ: адыгэхэр Урысей пащтыхьыгъуэм къыхуигъэлъагъуэ Iэмалыр къабыл ящIу я гукъыдэжкIэ Тыркум къэIэпхъуауэ аракъым. Езыхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ, лей зезыхьэ бийм лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ пэщIэта нэужь, ахэр зыщыпсэум къригъэкъэбзыкIыну мурад къыхуэзыщIа пащтыхьыгъуэм и зэрыпхъуакIуэ политикэм ипкъ иткIэ щхьэхуимыту я хэкум кърахуащ. ДэркIи, ди адэжьхэм я дежкIи ар, Ерховым зэрыжиIэм ещхьу, «псысэ дахащэкъым» — гузэвэгъуэкIэ гъэнщIа тхыдэщ.
- Дэ дыхущIокъу Урысей Федерацэмрэ Тырку Республикэмрэ я зэхущытыкIэр фIыуэ къызэрынэным. БлэкIар пхэнжу къигъэлъэгъуэн и пIэкIэ, Ерховым тхыдэм и дерсхэр иджыпхъэщ, ноби иужькIи мамыру дызэдекIуэкIыным щхьэпэн хуэхъуну Iуэхухэр илэжьу. Езым зэрыжиIэм тету, «мамыр зэхущытыкIэм, псэукIэ зэтеухуам, дяпэкIэ дызэрызэдэгъуэгурыкIуэным» и лъабжьэхэр игъэтIылъу. Лъэныкъуэ псоми я фейдэ хэлъу, унафэ зыIэщIэлъ къэралыгъуэ къудамэ псори лъэпкъхэр мамыру зэдэпсэун папщIэ, жэуаплыныгъэ зыхащIэу, абы хущIэкъун хуейщ.
- Тхыдэм химыщIыкI къудейкъым
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм Урысей Федерацэм и лIыкIуэу
- Тырку Республикэм щыIэ
- Ерхов Алексей жэуап ирет
- Дунейм адыгэу тетыр зыгъэпIейтея, Урысей Федерацэм и лIыкIуэу Тырку Республикэм щыIэ Ерхов Алексей «Спутник» агентствэм дригъэкIуэкIа псалъэмакъым зэгуигъэпа адыгэ зэгухьэныгъэхэм ящыщщ Къэбэрдей Адыгэ Хасэри.
- Дипломатым лъэпкъ псом тхыдэм къыпхиха и пщIэр игъэлъэхъша къудейкъым, зыгъэкIуа къэралри, и псалъэхэр щыжиIа Тырку Республикэри, ар зэхэзыхыжа дунейпсо цIыхубэри хъыбар нэпцIым и пащхьэ иригъэуващ. Ди тхыдэм химыщIыкIыу тепсэлъыхьауэ щытми, Урысей Федерацэм и цIэкIэ дунейпсо утыку ихьа лIы балигъым езым и щIэныгъэри, и цIыху хэтыкIэри, и къулыкъу зехьэкIэри игъэпудыжащ.
- Тхыдэм и унафэщ адыгэхэм къэзакъхэр гъунэгъу къазэрыхуэхъуар. Ауэ Кавказ зауэр адыгэхэм я хьэл мыхъумыщIэм, ямейр зэрапхъуэн гукъыдэжым, «щIэпхъаджагъэ» зыфIэпщыфын дуней тетыкIэм кърикIуа Iуэхуу жыпIэу, минищэ бжыгъэкIэ цIыху зыхэкIуэда зауэм «псысэ дахащэ» фIэпщу утыку укъиувэныр Ерховми ар и къулыкъум пэрызыгъэувахэми яхуэфащэкъым.
- Ерхов Алексей IэщIэщIам кърикIуапхъэ унафэ УФ-м Хамэ къэралхэмкIэ и министерствэм къыщыхуащIыну дыщогугъ.
- ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
- Iуэху мыщхьэпэ
- КъБР-м и Адыгэ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм УФ-м и лIыкIуэу Тырку Республикэм щыIэ Ерхов Алексей ди лъэпкъыр зэригъэпуда псалъэхэм зэрыхущIегъуэжамкIэ утыкум зыкъыщиумысыжын зэрыхуейм трагъэчыныхь. Дэ зэрытлъытэмкIэ, абы хуэдэ еплъыкIэ Iузэ фIэкIа зимыIэ лIыкIуэ Урысейм и цIэкIэ хамэ къэралхэм я пащхьэ ибгъэхьэныр къемызэгъщ.
- Урысей Федерацэм Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэр къыхудоджэ, къэрал лIыкIуэм и къулыкъу лъагэр зэрихьэныр хуэмыфащэу къилъытэу, Ерхов Алексей и IэнатIэм IуигъэкIыну.
- Дэ шэч къытетхьэркъым ди къэралым и пщIэр хэхъуэн папщIэ, урысей лIыкIуэм и зэранкIэ къызэщIэхъея Тырку Республикэм ис адыгэ мелуан зыбжанэм я хьэтыр ялъагъуу, Iуэху мыщхьэпэр ягъэмамырыжын зэрыхуейм.
- КЪАЛМЫКЪ Жылэбий,
- КъБР-м и Адыгэ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм
- я зэзыгъэуIу советым и унафэщI.