УнагъащIэхэм ядоIэпыкъу
2020-02-15
- Бахъсэн къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим къалэдэс унагъуэ зыбжанэм иджыблагъэ яритащ псэупIэ къащэхун е ирагъэщIын папщIэ социальнэ ахъшэ зэрыхухахымкIэ сертификатхэр.
- Зи насып къикIа унагъащIэхэм щехъуэхъум, муниципалитетым и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ къалэм и унафэщIхэр мы Iуэхум дяпэкIи зэрегугъунур икIи цIыхухэм я псэупIэхэр егъэфIэкIуэным къэкIуэну зэманым ахъшэ нэхъыбэ тригъэкIуэдэну зэримурадыр.
- Балъкъыз Iэминэ.