ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЕтIуанэ зыгъэсэгъуэр   йокIуэкI

2020-02-11

  • ЩIышылэм и 31-м Псыхуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ»-м зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ дригъэкIуэкIыу япэ зыгъэсэгъуэр кърихьэлIа иужькIэ, махуищ-плIыкIэ зигъэпсэхури, «Спартак-Налшыкыр» Нартсанэ (Кисловодск) кIуащ.

  • Ди щIалэхэм етIуанэ зыгъэсэгъуэр тхьэмахуитIкIэ ирахьэкIынущ. «Спартак-Налшыкым» иджыри къэс хэтахэм ядэщIыгъуу абы здашащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол школхэм я гъэсэн щIалэщIэ зыбжанэ. Дэтхэнэми Iэмал хъарзынэ игъуэтащ ди командэм и тренерхэм гу зылъригъэтэну.
  • Тхьэмахуэ ипэкIэ «Мэшыкъуэ-КМВ»-м щыдэджэгуам КIэбышэ Заур зи пашэ тренер гупым зэIущIэр ирырагъэгъэжьащ нэгъабэ тегъэщIапIэ нэхъыщхьэ ящIахэу гъуащхьэтет Щоджэн Борис, гъуащхьэхъумэхэу КIэдыкIуей Хьэчим, Белоусов Никитэ, Ольмезов Артур, Сындыку Темыркъан, гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Салахетдинов Инсар, Дэхъу Ислъам, Хьэшыр Алан, Iэпщацэ Марат, гъуащхьауэхэу Мэшэжь Ратмиррэ Бацэ Къантемыррэ. ЕтIуанэ Iыхьэращ зыкIэлъыплъ щIалэщIэхэр къыщрагъэхьар. Абыхэм я гъусэу джэгум хэта Ашу Мурад 81-нэ дакъикъэм дигъэкIа топым «Спартак-Налшыкым» текIуэныгъэр 2:1-уэ къыхуихьащ.
  • Зэныбжьэгъугъэ зэIущIэр иуха иужькIэ, ди командэм    и Iуэхухэр зытетыр зэдгъэщIэну абы и тренер нэхъыщхьэ КIэбышэ Заур зыхуэдгъэзащ:
  • — ТхьэмахуитI блэкIар хуабжьу купщIафIэу къэдгъэсэ   бэпащ икIи дызыхущIэкъуа псори зэдгъэхъулIащ, — къыджиIащ абы. — «Мэшыкъуэ-КМВ»-м дыщыдэджэгум зэдгъэлъагъуну дыхуеящ зыгъэсэныгъэр зэрекIуэкIыр щIалэхэм зэрызыхащIэр. КъызэрыщIэкIамкIэ, къатохьэлъэ. ДяпэкIэ нэхъ дызэлэжьыпхъэхэр дубзыхуауэ Нартсанэ докIуэ.
  • ЕтIуанэ зэхуэсыгъуэм налшыкдэсхэм загъэсэну къудейуэ аракъым, атIэ ахэр ирыщIагъэбыдэжу зэныбжьэгъугъэ зыбжани щIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкIынущ. Хьэрхуэрэгъу къахуэхъуну зэкIэ зыхуагъэфащэхэм ящыщщ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым къыщыдыхэтхэу Прогрессым и «Биолог-Новокубанск»-р, Ставрополь и «Динамо»-р, Черкесск и «Интер»-р, къищынэмыщIауэ, премьер-лигэм зыкъыщызыгъэлъагъуэ Грознэм и «Ахмат»-м и щIалэгъуалэ гупыр.
  • «Спартак-Налшыкым» щыджэгухэм ехьэлIауэ нобэкIэ зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри щыIэкъым. КIэбышэм къызэрыхигъэщамкIэ, цIыхуитI-щы зыхагъэхьэнкIэ хъунущ.
  • — Тебэрды Тимур къытхыхьэжыну дыщыгугъат, арщхьэкIэ ар Мэхъэчкъалэ и «Легион-Динамо»-м хыхьауэ жаIэ. Бажэ Амири дигъэлъэщынут, ауэ абы Иорданием зыкъыщыгъэлъэгъуэным пищэнущ. Джатэрывэ Къазбэчи къэтщтэжыфынут, нэгъуэщI къэрал цIыху зэрыхъуамкIэ паспорт къыдимыхатэмэ. (ЗэрыфщIэжщи, «Спартак-Налшыкым» иужькIэ ар Къэзахъстаным Iэпхъуэри, а къэралым и командэ къыхэхам и щIыхьыр ихъумащ — Ж.З.) Апхуэдэхэр къыщытхыхьэфынур бадзэуэгъуэм (июлым) и 1-м щыщIэдзауэщ. КъищынэмыщIауэ, ди командэм зэгуэр хэта футболист Iэзэхэм ящыщ зыгуэрхэм къагъэзэжыну я мурадмэ, ди гуапэу зыхэдгъэхьэжынущ. «Спартак-Налшыкыр» сыт щыгъуи апхуэдэхэм хуэныкъуэщ, — къыджиIащ КIэбышэм.
  • Жыласэ  Заурбэч.