ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къармэм и текIуэныгъэщIэ

2020-01-10

  • ШахматхэмкIэ Налшык къалэ и 79-нэ зэхьэзэхуэ зэIухар иухащ илъэс 69-рэ зи ныбжь Къармэ Мажмудин и текIуэныгъэкIэ. Абы къихьащ очкоиблым ящыщу 6-р.

  • Мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэм къыщихьауэ Къармэм и дежкIэ иджырейр 23-нэ текIуэныгъэщ. ЕтIуанэ увыпIэр иубыдащ Налшык дэт гимназие №14-м и 9-нэ классым щеджэ, спортым и мастерым и кандидат Гаглазов Михаил (очкои 5,5-рэ). Очкои 5 къэзыхьа Налшык дэт курыт еджапIэ №3-м и 9-нэ классым щIэс Зэшэз Нодар ещанэ хъуащ. Абыхэм къакIэлъокIуэ Бесчокъуэ Аслъэнбий, Кафаджи Леонид, Бжьахъуэ Людмилэ сымэ.
  • Налшык къалэм физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и управленэм къыбгъэдэкIыу текIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ грамотэхэр, медалхэр, ахъшэ саугъэтхэр иратащ. КъищынэмыщIауэ фэеплъ тыгъэхэр хуащIащ налшыкдэсхэу Елъкъан Давид, Тедеев Олег, Бетрожь Камран, Аушыджэр къуажэм щыщ Жабо Iэдэм сымэ.
  • КЪЭХЪУН Бэч.