Тэтэр усэхэр — адыгэбзэкIэ
2019-11-23
- Налшык къалэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ тэтэр усакIуэ Корбан Рафис и сабий усэхэр щызэхуэхьэса «МэракIуапцIэм» тхылъыр. Абы хагъэхьа усэхэр адыгэбзэм къизыгъэзэгъар усакIуэ, зэдзэкIакIуэ гъуэзэджэ, журналист цIэрыIуэ, урыс, хамэ къэрал литературэхэм я классик куэд адыгэбзэкIэ «къэзыгъэпсэлъа» Уэрэзей Афликщ.
- КъыдэкIыгъуэ хьэлэмэтыр яхуэгъэзащ сабий гъэсапIэхэм, курыт еджапIэхэм я пэщIэдзэ классхэм екIуалIэ цIыкIухэм. Тхылъым и бжыгъэр 1000 мэхъу. Ар щагъэхьэзырари къыдэгъэкIыным текIуэда мылъкур хухэзыхари Тэтэрстанырщ. Тхылъым хагъэхьа усэхэр зытеухуар цIыкIухэм нэрылъагъу ящызыщI сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэри щIыгъужащ. Ахэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ тэтэр художник Iэзэ Ази-мов Ильдус.
- — НэгъуэщI лъэпкъхэм я усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я тхыгъэхэр зэдзэкIыныр, абыхэм зыщыдгъэгъуэзэныр, щIэблэр щIэтпIыкIыныр ди зэманым къигъэув Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Зи гупсысэ зэфIэувэ цIыкIухэр усэбзэм дегъэхьэхыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Анэдэлъхубзэм хуаIэ лъагъуныгъэм зэхуишэу ныбжьэгъу зэрыгъэхъуа Уэрэзей Афликрэ Корбан Рафисрэ хуэдэхэм я фIыгъэщ апхуэдэ Iуэху дахэхэр нобэ къызэрыдэхъулIэр, — жеIэ Додуев Аскэр. — КъыжыIапхъэщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и усакIуэ зыбжанэм я тхыгъэхэр Корбан Рафис тэтэрыбзэкIэ зэрызэридзэкIар. Афлик и Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэм ящыщ балъкъэрыбзэм къизгъэзэгъауэ зэрыщытам си щхьэкIэ срогушхуэ.
- Унагъуэ псэущхьэхэм, гъэм и зэманхэм, дунейм и щытыкIэхэм, пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ ятеухуа усэ цIыкIухэр сабийхэр дэзыхьэхын защIэу къыхэщыпыкIащ. КъыдэкIыгъуэр ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фондым, республикэм и курыт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ трагуэшэнущ.
- Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Омар Хайям, Важэ Пшавелэ, нэгъуэщIхэми я тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIыныр къызэхъулIа Уэрэзей Афлик адыгэбзэм къригъэзэгъа тэтэр усэхэр сабийхэм гунэс зэращыхъунум шэч хэлъкъым. Афлик и сабиибзэр гурыIуэгъуафIэщ, шэрыуэщ, цIыкIухэр дэзыхьэхщ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.