Транспортым и щытыкIэм хоплъэ
2019-11-14
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэкIуэгъуэм и 12-м Налшык къалэм щахуэзащ Транспортым и IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Ахъуэхъу Аслъэнбэчрэ Транспортым и IэнатIэм щы кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и унафэщIу иджыблагъэ ягъэува Кравцов Дмитрийрэ.
- ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIыналъэ автомобиль гъуэгухэм, авиацэм зегъэу жьынымкIэ, пассажирхэмрэ хьэ лъэ хэмрэ къызэрырашэкIыр егъэ фIэ кIуэнымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм. Псалъэмакъым къы щыхагъэщхьэхукIащ жылагъуэ пхы дзахэм кIуэ гъуэгухэр зэгъэпэщыжын зэ рыхуейр.
- Республикэм и унафэщIым къыхигъэщ хьэхукIащ щIыналъэм и кIуэцIкIи абы и щIыбкIи экономикэ, социальнэ, щэн хабзэ зэпыщIэныгъэхэр щыгъэбы дэнымкIэ автомобиль транспортым мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- Хэхауэ тепсэлъыхьащ Транспортым и IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и щIыналъэ управленэм къыпэщыт къалэнхэм, ап хуэдэу ведомствэ зэпыщIэныгъэхэм я къызэгъэпэщыкIэм.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.