ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъхэм  я зэныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэ

2019-10-12

  • КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм иригъэжьауэ илъэсипщIым нэсауэ ди щIыналъэм щокIуэкI «Ныбжьэгъу зэхуэхъуахэр» проект щхьэпэр. Абы и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ Кавказым ис лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэныр, дэтхэнэ лъэпкъри адрейхэм къазэрыхэщхьэхукI хабзэмрэ бзэмрэ ди щIэблэм нэхъ куууэ къегъэщIэнырщ.

  • Мы гъэм проектым хэтщ осетин, къэрэшей, шэрджэс, урыс, балъкъэр, абазэ, къэбэрдей унагъуэу  18. Мыгъэрей Iуэхугъуэхэр гъэщIэгъуэну, гукъинэу зэрекIуэ-кIым щыхьэт техъуэ зэIущIэ иджыблагъэ   си нэгу щIэкIащ.
  • Проектыр я гуапэу дэзыIыгъахэм ящыщщ Зеикъуэ къуажэм дэсу Къэрэнашэхэ Юрэрэ Ленэрэ, абыхэм я къуэ Алим, я нэхъыжьыфI, анэш-хуэ Iумахуэ КIуакIуэ сымэ. Мыбы я унагъуэм щохьэщIэ Гундэлэн щыщ Бичекуев Ислъам. Алимрэ Ислъамрэ зэныбжьщ — тIури епщIанэ классым щоджэ, зыщIэс школхэм еджакIуэ нэхъыфIхэм щыхабжэ. ЩIалитIыр дэзыхьэххэри зэтохуэ, щэныфIэхэщ, нэмыс яхэлъщ.
  • Я къуэр здэщыIэ и унагъуэр нэхъ гъунэгъуу зрагъэцIыхун мурадкIэ Къэрэнашэ кърагъэблэгъат Ислъам и адэ-анэр. Борисрэ Марьямрэ я                гъусэт ныбжьыщIэр щеджэ, Гундэлэн дэт 4-нэ школым и унафэщI Атмурзаев Мухътари. Адыгэ шхыныгъуэхэмкIэ зэщIэузэда Iэнэшхуэу хьэ-    щIэхэм къыхуащтам зэблагъэ зэхуэхъуа унагъуитIыр, я Iыхьлыхэр щызэрыцIыхуащ, проектым и мыхьэнэм теухуа гупсысэхэмкIэ зэдэгуэшащ. Я унагъуэм къан яхуэхъуа ныбжьыщIэ цIыкIум я сабийм хуэдэу кIэлъыплъыну, гуапэу хущытыну, гуныкъуэгъуэ имыIэу, и нэгум нобэ кърих гуфIэгъуэр нэхъ мащIэ мыхъуауэ пIалъэр къэса нэужь я нэхъыжьхэм зэрыIэрагъэхьэжынум шэч къытрамыгъэхьэну хьэщIэхэм захуигъэзащ КIуакIуэ. Апхуэдэу унагъуитIми къыхагъэщащ щIалитIыр къуэш зэхуэхъуауэ къызэралъытэри, езыхэри абы зэрыригуфIэри. Тхыдэм и напэкIуэцIхэри ягу къагъэкIыжащ, — Зеикъуэрэ Гундэлэнрэ я щIы кIапэхэр зэрызэпылъым нэмыщI, къуажэдэсхэм я гуфIэгъуи   я гуауи зэдагуэшу, Гундэлэн пщащэхэр адыгэ нысэ хъууэ, балъкъэр щIалэхэр Зеикъуэ малъхьэ яхуэхъуу къызэрекIуэкIыр.
  • Атмурзаев Мурат зэрыжиIамкIэ,     ди республикэм «Ныбжьэгъу зэхуэхъуахэр» проектыр 2009 гъэм щрагъажьэм, япэу абы хэтыну жэрдэм зыщIахэм ящыщу, Гундэлэнрэ Арщыданрэ унагъуэ тIурытI хэтауэ щытащ. Абы лъандэрэ илъэсипщI дэкIами, ныбжьыщIэхэр езыхэр унагъуэ хъужами, я зэныбжьэгъугъэр яхъумэу зыкIэлъокIуэхэр, зэрыIыгъхэщ.
  • Мы пшыхьым къигъэлъэгъуащ   куэд щIауэ къызэдэгъуэгурыкIуэ лъэпкъхэм я зэхуаку гъунапкъэ гуэри зэрыдэмылъыр, зэрыжаIэу, я Iуэхуи-дэлъи, я цIыхугъи, я хабзи зэхуэдэу, я бзэр зэрызэтемыхуэм фIэкIа щхьэхуэныгъэ гуэри ямыIэу, лъэпкъитIыр мамыру адэкIи зэдэпсэуныр я нэрыгъыу къызэрекIуэкIыр.
  • Къэрэнашэхэ къыхагъэщащ абыхэм къуэ яхуэхъуа балъкъэр щIалэ цIыкIур я унагъуэ зэриса махуэхэр гукъинэ щыхъун папщIэ ялъэкI къызэрамыгъэнэнур. Ислъамрэ Алимрэ зэгъусэу школым макIуэ, дерсхэм здыщIэсщ. Абыхэм я нэгу зрагъэужьын папщIэ программэ щхьэхуи яIэщ: ди республикэм и щIыпIэ нэхъ дахэхэм щыщхэм зыщрагъэплъыхьынущ. Проектым и кIэухыу, ныбжьыщIэхэр псори ирагъэблэгъэнущ Налшык щыIэ «Нарт» зыгъэпсэхупIэм. Абдежым къызэгъэпэщакIуэхэм махуитIкIэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щызэхаублэнущ.
  • Апхуэдэу унагъуитIми къыхагъэщащ мы проектым къызэрыхыхьам зэрыхущIемыгъуэжыр, апхуэдэ щIыкIэкIэ ирагъэжьа зэныбжьэгъугъэр адэкIи зэраIыгъынум шэч къызэрытрамыхьэр.
  • ЩОДЖЭН  Iэминат.