Кусовэ Сулиетэ ягу къагъэкIыж
2019-10-10
- Налшык щокIуэкI «Ныбжьэгъу зэхуэхъуахэр» 13-нэ Кавказ Ищхъэрэ кинофестивалыр. Мы гъэм ар фэеплъ хуащIащ абы и къызэгъэпэщакIуэ икIи и президенту щыта, культуролог, журналист Кусовэ (Выхъуэ) Сулиетэ. Фестивалыр къыщызэIуахым ягъэлъэгъуащ абы теухуа документальнэ фильмыр.
- Форумым и унафэщI, журналист Багъэтыр Ильяс зэрыжиIамкIэ, мы гъэм псори зэхэту къагъэхьа лэжьыгъэ 368-м щыщу 56-р зэпеуэм хагъэхьащ. Абыхэм ящыщу плIыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и режиссёрхэм я IэдакъэщIэкIщ. «Иджырей фестивалыр адрейхэм къащхьэщокI зытеухуахэмкIэ, къаIэт IуэхухэмкIэ фильмхэр зэрызэмыщхьымкIэ. Фильмхэр кърашащ Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, Сербием, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Эстонием, Абхъазым», — жиIаж Багъэтырым.
- «Си анэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт кавказ лъэпкъхэм я нэмысыфIагъымрэ щэнхабзэмрэ нэгъуэщIхэр щыгъуазэ ищIыным. ИкIи сыщогугъ Урысейм и щIыналъэхэмрэ нэгъуэщI къэралхэмрэ къикIа цIыхухэм ди лъахэр хьэщIэкIэ зэрыфIыр, абы щыпсэухэр зэрыбжьыфIэр псэкIэ зыхащIэну» — къыхигъэщащ Сулиетэ ипхъу Кусовэ Эланэ.
- Мы гъэм фестивалыр ирагъэкIуэкI КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я щIэгъэкъуэну. Апхуэдэу къызэгъэпэщакIуэ комитетым къыдэIэпыкъуащ Урысейм и Журналистхэмрэ Кинематографистхэмрэ я зэгухьэныгъэхэр, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, Кавказым ис лъэпкъхэм я Урысейпсо конгрессыр.
- НафIэдз Мухьэмэд.