ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

НэхъыщIэ дыдэхэм папщIэ

2019-10-05

  • Аушыджэр къуажэм хьэзыр щащIащ зи ныбжьыр илъэсищым щIимыгъуа сабийуэ 40 зыщIэхуэн IуэхущIапIэщIэр. Абы хэтщ цIыкIухэр физкультурэм щыхуагъасэ пэш щхьэхуэ, зыщатIэщI, зыщахуапэ пэIущIэ пэш, методикэ кабинет.

  • IуэхущIапIэщIэм зыхуеину Iэмэпсымэхэмрэ унэлъащIэмрэ щIагъэуващ, пщIантIэр зэIузэпэщ ящIащ, жыгхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ щыхасащ.
  • Лэжьыгъэ псори ягъэувауэ щыта пIалъэхэм къриубыдэу зэфIагъэкIащ. КъБР-м Ухуэныгъэмрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, IуэхущIапIэр къызэIуахын папщIэ зыхуеину документхэр гъэхьэзырын яух.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.