Гъуэгу махуэ, «Адыгэ щауэ»!
2019-10-04
- Ди газетым зэрытетащи, Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм и лэжьакIуэхэмрэ къыхалъхьа «Адыгэ щауэ» республикэ зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр иджыблагъэ Джылахъстэнейм щрагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ щIыналъэм и къуажэхэм къикIа щIалибгъу.
-
Адыгэ фащэкIэ хуэпауэ, адыгэ ныпыр хуарзэу яIыгъыу Тэрч къалэм и уэрам нэхъыщхьэм кърикIуа шууейхэм зэпеуэр къызэIуахащ.
- Я акъыл жанагъкIэ, IэрыхуагъкIэ, шы гъэхъукIэм зэрыхащIыкIкIэ, лъэпкъ хабзэхэм зэрыщыгъуазэкIэ щIалэхэм я зэфIэкI здынэсыр къахутэну зэхьэзэхуэм кърагъэлэгъат Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Ахъсор Хьэлым, районым ГъуазджэхэмкIэ и уардэунэм и унафэщI Пщыншэ Хьэлым, Тэрч щIыналъэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Накуэ Сослъэн, ЩэнхабзэмкIэ уардэунэм и унафэщI КIэрэф Мурадин, Сабий зэчиифIэхэм я унэм и лэжьакIуэ Хьэмыкъуэ Мадинэ, щIыналъэм и «Шууей хасэм» и тхьэмадэ Iэщыж Залым, «Терчанка» къэфакIуэ гупым и унафэщI ГуэныкIэ Лиуан сымэ.
-
«Си къежьапIэ» Iыхьэм щIалэхэм щхьэж къызыхэкIа лъэпкъым и лIакъуиблкIэ еIэбэкIыжри, я нэхъыжьхэм я цIэхэр къраIуащ, езыхэр къыщыхъуа унагъуэр ирагъэцIыхуащ. АдэкIэ «Лъэпкъ гурыщIасэ» Iыхьэм щIалэхэм я IэпщIэлъапщIагъыр, ябгъэдэлъ творческэ зэфIэкIыр наIуэ щащIащ. Хэт пшынэ еуащ, хэти и лъэгу щIигъэплъащ, хэти адыгэ уэрэдыжь жиIащ. КъыкIэлъыкIуэу щIалэхэм я акъыл жанагъыр, я Iуэху еплъыкIэр хэIущIыIу къызэращIыфыр ягъэунэхуащ. «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ» Iыхьэри гъэщIэгъуэну ягъэзэщIащ щIалэхэм. Лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ IуэрыIуатэм и лIыхъужьхэм, абыхэм я дуней тетыкIам тепсэлъыхьащ. Пэшым щIэсхэр хуабжьу яфIэгъэщIэгъуэну едэIуащ тхыдэм щыщ уэрэдхэр щызэпкърах Iыхьэми. АдэкIэ шы Iэпслъэпсхэм, абыхэм я къалэным щIалэхэм я гугъу ящIри, ар видеонэтын кIэщIкIэ щIагъэбыдэжащ. Иужьрей Iыхьэм щIалэхэм адыгэ лъэпкъым хъуэхъукIэ зыхуагъэзащ.
-
УнэтIыныгъибгъукIэ зыкъагъэлъэгъуа, адыгэ щауэм хэлъын хуей хьэл-щэн дахэмрэ иIэн хуей къэухьымрэ щхьэж зэрыхузэфIэкIкIэ къагъэнэIуа иужь, къэпщытакIуэ гупым Гран-Прир хуагъэфэщащ Болэтей къуажэм щыщ Балъкъэр Елдар. Япэ увыпIэр къихьащ Щамырзэ Роберт (ХьэпцIей къуажэ), етIуанэ хъуар ТIымыжь Анзорщ (Абейкъуажэ), ещанэр Алъхъэс Iэсхьэдщ (Тэрч къалэ). Абыхэм иратащ Къэбэрдей, Джылахъстэней Адыгэ Хасэхэм, Тэрч щIыналъэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ.
- Зэпеуэм жыджэру хэта-хэу Былымыхь Астемыр, Урым Алим, Шэрий Ислъам, АфIэунэ Анзор сыми щIыхь тхылъхэмкIэ ягъэпэжащ.
- Ахъсор Хьэлым къыщыпсалъэм жиIащ лъэпкъ хабзэр, тхыдэр, анэдэлъхубзэр зи лъабжьэ а зэпеуэр фIы куэд къызыхэпхын зэхыхьэ дахэхэм ящыщу къызэрилъытэр, а Iуэхум дяпэкIи нэхъыфIыжу, екIуу къыпащэну зэрыщыгугъыр.
- — ЩIалэгъуалэр зэпеуэн хуей хъуамэ, хабзэкIэ, нэмыскIэ, адыгагъэкIэ, цIыхугъэкIэ, IэпщIэлъапщIагъэкIэ, акъыл жанагъкIэ фIэкIа зэпэщIэмыувэу, ефIакIуэу, ехъулIэу псэуну си гуапэщ, — захуигъэзащ абы къызэхуэсахэм.
- Накуэ Сослъэн «Адыгэ щауэхэм» щехъуэхъум къыхигъэщащ ирагъэжьа зэпеуэр икъукIэ Iуэху дахэу къызэрилъытэр.
- — Республикэм «Адыгэ щауэ» зэпеуэр япэу щедгъэжьащ, сызэреплъымкIи, щIэдзапIэр къыдэхъулIауэ къэплъытэ хъунущ. Си гуапэщ мы зэхыхьэм щIалэгъуалэ куэду къызэрырихьэлIар, абыхэм мы утыкум итахэр щапхъэ яхуэхъумэ, щIэблэр ядэплъеймэ, гъуэгу дахэ ягъуэтынущ. Я зэман къыда-гъахуэу, я Iуэху ирагъэкIуэтэкIыу къытхуеблэгъа нэхъыжьыфIхэри жьыщхьэ махуэ фыхъу. ЩIалэхэр зыгъэхьэзырахэм, абыхэм елIалIэу ябгъурытахэм фIыщIэ фхуэфащэщ. «Адыгэ щауэ» зэпеуэм утыку къришахэм уи щхьэр лъагэу уамыгъэлъагъужыну зы щIали яхэткъым, щхьэж къызыдэкIа жылэжьым и напщIэщ, и пщIэщ. Тхьэм фригъэфIакIуэ, хывигъэгъахъуэ!
- Iэщыж Залыми ехъуэхъуащ «Адыгэ щауэхэм».
- Пшыхьыр я уэрэд, къафэ екIухэмкIэ ягъэдэхащ Уэщро Альберт, Жылау Ларисэ, ныбжьыщIэ къэфакIуэ гупхэм, нэгъуэщIхэми.
- Щомахуэ Залинэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.