ХьэIупэ ДжэбрэIил теухуа тхылъыщIэ
2019-09-17
- «Шу закъуэ хуэрзалэ» фIищащ филологие щIэныгъэхэм я кандидат, егъэджакIуэ ХьэцIыкIу Раисэ ХьэIупэ ДжэбрэIил и усыгъэм теухуауэ къыдигъэкIа тхылъыщIэм.
- Зи тхэкIэм удихьэх тхакIуэ зэрыгъуэтыгъуейм хуэдэ дыдэу, уи псэм къылъэIэсыф урихьэлIэркъым. УсакIуэ къэс езыр нэхъ къызыгурыIуэ щIэджыкIакIуэ зэриIэжым ещхьщ ар. ХьэIупэ ДжэбрэIил и усэхэр игу зэрырихьым къыщымынэу, абы и дуней тетыкIэри, и гупсысэкIэри езым ейм пэгъунэгъуу къызэрилъытэр, усакIуэм и гъащIэ зыхэщIэкIэр къызэрищтэр нэрылъагъу пщищIу апхуэдэщ ХьэцIыкIу Раисэ и IэдакъэщIэкIыр. ХьэIупэм и усыгъэ жыгыр къудамэ зырызу зэпиплъыхьурэ, ДжэбрэIил усэбзэм иришыхьа щымыгъэр езым къызэрыгурыIуэм хуэдэу, цIыхубзэ къызэрыгуэкIкIэ тхузэредзэкI Раисэ. Тхылъым къыщызэщIэубыдащ усакIуэ-композиторым и гъащIэ гъуэгури, ар ХьэцIыкIум зыдегъэIэпыкъу усэхэр нэхъ гунэсу зэпкърихын щхьэкIэ.
- ХьэIупэ ДжэбрэIил и тхэкIэм дихьэххэри, критикэ лэжьыгъэкIэ мызэ-мытIэу утыку къихьа ХьэцIыкIу Раисэ и тхыгъэ зэпкърыхыкIэр зыфIэфIхэри щыгуфIыкIыну къыщIэкIынщ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и мылъкукIэ къыдэкIа мы тхылъым.
- ЧЭРИМ Марианнэ.