ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сэхъурокъуэ  Хьэутий  хагъэхьащ Лъэпкъ  зэхущытыкIэхэмкIэ   Советым

2019-09-07

  • ШыщхьэуIум и 28-м Путин Владимир Iэ щIидзащ «Адыгэ лъэпкъыр зэкъуэгъэувэным, хэхэс адыгэхэм хэкужьым пыщIэныгъэ къыхуаIэным ехьэлIа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ Дунейпсо Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий УФ-м и Президентым егъэщIылIа, Лъэпкъ зэхущытыкIэхэм пыщIа къалэнхэр зи нэIэ щIэт Советым хэгъэхьэным теухуа Указым.

  • Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ящыщу ДАХ-м и закъуэщ къэрал УнафэщIым деж щыIэ Советым зи лIыкIуэ хэтыр. Апхуэдэ дзыхьым лъабжьэ хуэхъуахэм ящыщщ урысей дипломат цIэрыIуэ Горчаков Александр и цIэр зезыхьэ фондым и грантыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм тхуэнейрэ, Урысейм и Президентым и грантыр тIэунейрэ къызэрыхуагъэфэщар.
  • Шэч къытетхьэркъым Сэхъурокъуэ Хьэутий ДАХ-м и Iулыджыр адэкIи къэIэтыным, лъэпкъым къыхуэщхьэпэну Iуэхухэр дэгъэкIыным дяпэкIи хьэлэлу зэрыхуэлэжьэнум.