Лэжьыгъэ телъыджэхэр
2019-09-03
- Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм шыщхьэуIум и 28-м къыщызэIуахащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэм я отчёт гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. Абы хагъэхьащ республикэм и художникхэм я IэдакъэщIэкIхэр.
- Хабзэ хъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэм ирихьэлIэу художественнэ гъэлъэгъуэныгъэ щхьэпэхэр къызэIуах. Выставкэм сурэтыщI Iэзэхэм я живопись, графикэ лэжьыгъэ телъыджэхэр къызэщIаубыдэ, республикэм исхэми гъуазджэм и цIыхухэми ахэр гъэщIэгъуэн ящохъу. Апхуэдэу КъБР-м и СурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэм и отчёт гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ Зеленская Юлие, Ермолаевэ Аннэ, Хорошилов Олег, Акъсырэ Викторие, Плотников Василий, Бгъэжьнокъуэ Заурбэч, Мамбэт Пётр, Жылэ Анатолэ, Мысачэ Мурат, Баккуев Владимир, Ерчэн Исуф, Ахматов Лиуан, Колкутин Андрей, Маргъущ Анатолэ, Мамоновэ Светла-нэ, Иванниковэ Ольгэ, Дэцырхъуей Рузанэ, Къармэ Аслъэн, Новиковэ Еленэ, Хэжь Алик, ТхьэкIумашэ Михаил, Гейдебрехт Еленэ, Юзбашев Мурад, Тумэ Аслъэн, Мэкъуауэ-ТекIуий Динэ, Хъалил Миланэ сымэ, нэгъуэщIхэми я лэжьыгъэхэр.
- — Зи сурэтхэр, гъуазджэ хьэпшыпхэр выставкэм хагъэхьа художникхэми абыхэм еплъыну зыкърезыгъэхьэлIахэми си гуапэу сынывохъуэхъу! — жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. — Лэжьыгъэ щхъуэкIэплъыкIэхэм фи гукъыдэжым зэрыхагъэхъуэнум шэч къытесхьэркъым. Гъуазджэ хьэпшыпхэм утепсэлъыхьын нэхърэ уеплъыныр куэдкIэ нэхъ гухэхъуэгъуэщ, дауи.
- КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Темыркъан Геннадийрэ УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТхьэкIумашэ Михаилрэ фIыщIэ хуащIащ гъэлъэгъуэныгъэ купщIафIэм къекIуэлIахэм.
- Художникхэм къагъэщI сурэтхэм сыт щыгъуи цIыхупсэр егъэгуфIэ, дэрэжэгъуэ ин къарет. Выставкэм хагъэхьа лэжьыгъэхэр дахагъэкIэ гъэнщIам къыщымынэу, гупсысэрэ купщIэрэ ящIэлъщ. Сурэтхэм къытощ дунейм, гъэм и зэманхэм я телъыджагъэр, тхыдэ щIыпIэхэр, бгыхэр, удз гъэгъахэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр. Абыхэм теплъэмрэ плъыфэмрэ екIуу щызэхэухуэнащ. Сурэтхэм къадэкIуэу, мы гъэлъэгъуэныгъэм увыпIэфI щаубыдащ скульптурэхэм, декоративно-прикладной гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа, лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм. Ар адыгэхэм зэрахьэу щыта Iэщэ лIэужьыгъуэхэрщ, дыщэ-дыжьын бгырыпххэрщ, бгъэIулъхэрщ, къагъэсэбэпа нэгъуэщI хьэпшыпхэрщ, арджэнхэрщ. Дыщэ IуданэкIэ хэдыкIа, дыщэидкIэ щIа къэлътмакъхэм, хъыджэбз хьэпшыпхэм къыпхузэIуах лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ тхыпхъэхэм я дахагъэр. Абыхэм къыхощ адыгэм и блэкIар, тхыдэ гъуэгуанэр, щэнхабзэ, гъуазджэ хъугъуэфIыгъуэр. Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ ТхьэкIумашэ Михаил ищIа, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, япэ балъкъэр профессиональнэ уэрэджыIакIуэ Беппаев Сергей и бюстыр.
- Выставкэхэм зрагъэхьэлIащ республикэм и сурэтыщIхэм, гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм, къалэм и хьэщIэхэм. Ахэр фокIадэм и 15 пщIондэ екIуэкIынущ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.