Хабзэм и хъумакIуэ
2019-08-27
- Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ Пщыбий СулътIан и тхылъыщIэ. «Хабзэм и хъумакIуэ» фIэщыгъэр зиIэ а къыдэкIыгъуэм ихуа тхыгъэхэр, авторым зэрыжиIэмкIэ, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ яхуэгъэзащ.
- Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я республикэ советым и президиумым, УФ-м и Журналистхэм, ТхакIуэхэм я союзхэм хэт Пщыбий СулътIан зи гугъу тщIы тхылъыр и япэ лэжьыгъэкъым. Тхэным куэд лъандэрэ дихьэх нэхъыжьыфIым езыр зыхэт ветеран зэгухьэныгъэм и IуэхущIафэхэм, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм ятеухуа тхыгъэхэр абы щIэх-щIэхыурэ къытрырегъадзэ республикэ газетхэм, журналхэм. Пщыбийм и къалэмы- пэм апхуэдэу къыпыкIащ рассказхэр, гушыIэхэр, таурыхъхэр. НэхъапэIуэкIэ дунейм къытехьахэм ящыщщ «В небе Ястреб» («Эль-Фа», 2006 гъэ), «Растить патриотов» («Печатный двор», 2014 гъэ) тхылъхэр.
- Апхуэдэу СулътIан хэтащ «ТекIуэныгъэ Иным и ЛIыхъужьхэр» къэралпсо литературэ зэпеуэм. ТхакIуэм абы игъэхьа «Возвращение домой» рассказым гулъытэшхуэ игъуэтащ, зэпеуэм и тхыгъэ нэхъыфIхэм хабжащ. Пщыбийм къыхуагъэфэщащ зэпеуэм и дипломрэ Урысейпсо зауэ-тхыдэ зэгухьэныгъэм, УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ и министерствэхэм, Урысей къэрал библиотекэм къабгъэдэкIыу «Зыри тщыгъупщакъым» псалъэхэр зытет фэеплъ медаль лъапIэрэ.
- Пщыбийм и иужьрей тхылъым ит очеркхэр, таурыхъхэр, шыпсэхэр, гушыIэхэр, ауанхэр сабийхэм нэмыщI, балигъ куэдми зэрафIэхьэлэмэтынум шэч хэлъкъым. Бзэ дахэкIэ, къулейкIэ тхащ ахэр, жанр зэмылIэужьыгъуэхэри къызэщIаубыдэ.
- Зи бжыгъэкIэ 300 хъууэ дунейм къытехьа тхылъыщIэр къыщывгъуэтынущ къалащхьэм и тхылъ тыкуэнхэм.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.