Къафэм и гуащэ
2019-08-27
- РСФСР-мрэ КъБАССР-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и профессиональнэ гъуазджэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, къэфакIуэ Iэзэу щыта Шэру Соня къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъур Iэтауэ ягъэлъэпIащ.
- «Кабардинка» Къэрал академическэ ансамблым и къэфакIуэ пашэу щыта Шэру Соня Налшык Макъамэ театрым щыхуащIа пшыхь дахэм зэхуишэсат ар фIыуэ зылъагъуу щытахэр, и благъэ-Iыхьлыхэр.
- — Абы псори зэреджэр къафэм и гуащэт. А цIэр Шэрум фIэзыщар абы и анэшхуэрт. КIыщокъуэ Алим Соня тыгъэ къыхуищIауэ щыта, и усэхэр щызэхуэхьэса тхылъми а псалъэхэр къыхутритхат. Сыт хуэдэ лъэпкъми иIэжщ езым и цIыху пажэхэр, апхуэдэхэм яхузэфIокI я щэнхабзэр дунейпсо утыку ирахьэн. Апхуэдэт Шэру Соня. Ар зыми ещхьтэкъым. А цIыху Iэдэбыр утыку къихьамэ, щIым лъэмыIэсу къафэу къыпфIэщIырт. Пшыхьыр нэжэгужагъэр щытепщэу екIуэкIмэ, ди гуапэщ. Сыту жыпIэмэ езыр щытащ къэфакIуэ Iэзэу, нэфIэгуфIэу. ДыгуфIэу дигу къэдвгъэгъэкIыж, — къызэIуихащ пщыхьэщхьэр КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
- Шэру Соня адыгэ лъэпкъым къыхэкIа къэфакIуэ Iэзэ дыдэу зэрыщытым, лъэпкъым илъэсищэм зэ фIэкIа апхуэдэ къызэрыхэмыкIым, Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу, ди къэралышхуэри абы иригушхуэу къызэрекIуэкIам, абы и пIэм иубгъэувэ хъун образ ноби зэрамыгъуэтым и гугъу ищIу, «Кабардинка» ансамблым и балетмейстер нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ лэжьа Ульбашев Мутай и къэпсэлъэныгъэу пленкэм трахауэ щыта видеор пэшым щыфIэдза экранышхуэмкIэ къагъэлъэгъуэжащ. Апхуэдэуи цIыхухэр ирагъэплъащ Шэру Соня трахауэ щыта нэтыным щыщ пычыгъуэхэм.
- — Шэру Соня хуэдэ цIыху щэджащэм утепсэлъыхьыну къызэрымыкIуэу гугъущ. ХужыпIэнри куэдщ. ИтIани, сыт хужумыIэми лей хъунукъым. Дэ дропагэ лъэпкъыр дызэрыгушхуэ а бзылъхугъэр ди щIыналъэм, Къармэхьэблэ жылэжьым къызэрыдэкIам. Сэри си напщIэ телъщ ар сызэриблагъэр, — жиIащ Дзэлыкъуэ щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Джатэ Руслан. — ЦIыхум Iэужь дахэ къигъанэу щытмэ, абы и лъэужьыр кIуэдыркъым. Соня щэнхабзэм къыхина и Iэужьыр лъэужьыншэ зэрымыхъуам и щыхьэтщ нобэ екIуэкI мы пщыхьэщхьэ дахэри, ар ди гуапэщ. Мыбы кърихьэлIа псоми, къэкIуэну къэхъуапсэу зи Iуэху хуэмыкIуахэми ди щIыналъэм къыбгъэдэкIыу фIыщIэ фхузощI.
- Пшыхьыр дахэу ирагъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Аттаев Азноррэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ. Пщыхьэщхьэр ягъэдэхащ «Кабардинка» къэрал академическэ, Адыгэ Республикэм и «Алеуар» «Шагъдий», «Нал цIыкIу», «Черкес», «Эльбрус» ансамблхэм я къэфакIуэхэм, республикэм щыцIэрыIуэ уэрэджыIакIуэхэу Хьэкъул Оксанэ, «Бзэрабзэ» гупым хэтхэм, Теппеев Алим сымэ.
- НафIэдз Мухьэмэд.
- Сурэтхэр Петиков Игорь трихащ.