ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхум зыхуагъэхьэзыр

2019-08-27

  • ЕтIанэгъэ, 2020 гъэм, ди къэралым щекIуэкIынущ абы щыпсэу цIыхухэм я урысейпсо къыхэтхыкIыныгъэ. Жэпуэгъуэм и 1-м къыщыщIэдзауэ и 31 пщIондэ екIуэкIыну а Iуэхум къэрал, жылагъуэ мыхьэнэшхуэ иIэщ.

  • КъыхэтхыкIыныгъэр нэхъыбэу зэрекIуэкIынур япэрей мардэхэм тетущ. ИтIани, абы хэлъынущ ипэкIэ щыIахэм ар къызэрыщхьэщыкI Iуэхугъуэ зыбжанэ. Къэралым щыпсэу цIыхухэм ятеухуа хъыбархэр щызэхуахьэсынур Интернетым пыщIа электрон напэкIуэцIхэрщ. КъинэмыщIауэ, къыхэтхыкIыныгъэм халъхьа щIэрыщIэхэм ящыщщ дэтхэнэ цIыхуми хуитыныгъэ зэриIэр gosuslugi порталым ихьэу е «Госуслуги» Iэмалыр къигъэсэбэпу езым теухуа хъыбар псори и электрон напэкIуэцIым ирилъхьэну. Къэралым щыпсэухэм ятеухуа хъыбар псори зэхуэхьэса хъуа нэужь, абыхэмрэ УФ-м щыпсэу цIыхухэм я реестрым итхэмрэ зы ящIыжынурэ, «ЩIыпIэм щыпсэу цIыхухэр» («Население») бжыгъэ аналитикэ платформэ къызэрагъэпэщынущ. Абы илъынущ ди къэралым щыпсэу дэтхэнэми теухуа хъыбархэр.
  • Къэралым ис цIыхухэм я бжыгъэр, ахэр лъэпкъкIэ зыщыщымрэ я анэдэлъхубзэмрэ, УФ-м и щIыналъэхэм зэригуэшар, ябгъэдэлъ щIэныгъэр къозыгъащIэ къыхэтхыкIыныгъэм набдзэгубдзаплъэу зыщыхуагъэхьэзыр ди республикэми. Ар ди деж къызыхуэтыншэу щызэфIэхыным хуолажьэ КъБР-м и Правительствэм КъыхэтхыкIыныгъэмкIэ къызэригъэпэща комиссэ щхьэхуэр. Абы хуэгъэпса лэжьыгъэхэр къэралым хыхьэ щIыналъэхэм щаублащ нэхъапэIуэкIэ. Къапщтэмэ, 2018 гъэм и жэпуэгъуэм къыхэтхыкIыныгъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр япэу щрагъэкIуэкIащ УФ-м хыхьэ щIыналъи 9-м. Абы хиубыдащ КъБР-м и щIыналъэхэм ящыщу Iуащхьэмахуэ районыр. А къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ къыхэтхыкIыныгъэр езыгъэкIуэкIхэми цIыху щхьэхуэми электрон напэкIуэцIхэр, «Госуслуги» Iэмалыр, нэгъуэщI технологиещIэхэр къызэрагъэсэбэпыфыр.
  • Лэжьыгъэм пащэ мы гъэми. Республикэм хыхьэ щIыналъэхэм щагъэхьэзыр регистраторхэр. Апхуэдэ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыращ, псалъэм папщIэ, КъБР-м и Май районым. Абыхэм я къалэнщ щIыналъэхэм хиубыдэ къалэхэм, къуажэхэм, жылэхэм щыпсэу цIыхухэр къыхатхыкIыну, псэуалъэу яIэхэр наIуэ къащIыну, уэрамхэм зэрахьэ цIэхэмрэ абыхэм тет унэхэмрэ яIэ бжыгъэ дамыгъэхэмрэ зэпалъыту администрацэхэм щIэлъ похозяйственнэ тхылъхэм итхэм ирагъэпщэжыну. ЩIыпIэ-щIыпIэхэм хэхауэ щрагъэкIуэкIа апхуэдэ лэжьыгъэхэм къагъэлъэгъуащ а Iуэхухэм зэIумыбзыныгъэ куэд зэрыхэлъыр.
  • Федеральнэ мыхьэнэ зиIэ къыхэтхыкIыныгъэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыныр, тэмэму егъэкIуэкIыныр я пщэрылъщ къэрал властым и IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм, IэщIагъэлIхэм.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.