ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мывэм псэ «хэзылъхьэ» СэвкIуий Хьэмид

2019-08-14

  • Дыгъуасэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм и хьэщIащ Урысейм ХудожествэхэмкIэ и академием хэт, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI СэвкIуий Хьэмид.

  • Хьэмид илъэс куэд щIауэ и ныбжьэгъу, пщIэ ин зыхуищI нэхъыжьыфI, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къызэрыхуеблэгъар къэдгъэсэбэпри, депсэлъащ.
  • Графикэм, живописым, скульптурэм зэхуэдэу щылъащэ адыгэлI щэджащэм дунейр къызэритхьэкъуа и лэжьыгъэхэмрэ и гупсысэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ къыддэгуэшащ, и мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ тщиущэхуакъым. И IэдакъэщIэкIхэмкIэ дуней телъыджэ къэзыгъэщI СэвкIуий Хьэмид гъуазджэм «щыжиIэн» иджыри и мащIэкъым. Ар ящыщщ мывэм псэ «хэзылъхьэф» зырызхэм. Творчествэм и цIыху дэтхэнэми хуэдэу, абы езым и лэжьэкIэ, Iуэху бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ иIэжщ.
  • Гъуазджэм и гъэфIэн сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэм я щIагъыбзэм, гупсысэ нэхъыщхьэм, езым и дуней еплъыкIэм теухуауэ къыджиIахэм ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм язым фыкъыщеджэ хъунущ.
  • Щомахуэ Залинэ.
  • Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.