Адыгэбзэм игъэщIэращIэ фэеплъ медалхэр (бгъэхэIухэр)
2019-08-14
- Дызэрыт зэманым анэдэлъхубзэм хуаIэ лъагъуныгъэр къагъэлъагъуэу цIыху Iэп-щIэлъапщIэхэм адыгэбзэр щэкIым, пхъэм, гъущIым къыхэщIыкIа хьэпшыпхэм тратхэу къаублащ. Абыхэм я зы щапхъэщ Хьэшыр Чылар Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIрэ илъэси 190-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыдигъэкIа фэеплъ бгъэхэIухэр (медалхэр).
 
АДЫГЭБЗЭМ и хьэрфхэм ягъэщIэращIэ а бгъэхэIу дахащэр КъАХ-м и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и лъэIукIэ игъэхьэзыращ «КъБР-м и коллекционерхэм я зэгухьэныгъэм» хэт Тхьэкъуахъуэ Iэуес.- Фэеплъ бгъэхэIухэр япэу утыку къыщрахьар Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэрщ. Абы ещIылIа зэхуэсым кърихьэлIа нэхъыжьипщIыр зи гугъу тщIы медалхэмкIэ ягъэлъэпIащ.
 - Апхуэдэ дыдэу фэеплъ бгъэхэIухэр Тыркум, Израилым, Мэздэгу адыгэхэм я деж къикIауэ «Долинск» турбазэм зыщызыгъэпсэхуа ди лъэпкъэгъухэм иратащ.
 - Дыгъуасэ, шыщхьэуIум и 12-м, КъАХ-м и тхьэмадэм иригъэблэгъащ Урысейм и Художественнэ Академием хэт, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI СэвкIуий Хьэмид. Адыгэ щIалэ цIэрыIуэми а тыгъэр хуагъэфэщащ.
 - Иджыпсту КъАХ-м Адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу пшыхь егъэхьэзыр. Хасэм и лэжьыгъэм зи IуэхуфIхэмкIэ къыхэувахэм зи гугъу тщIы фэеплъ медалыр тыгъэ хуащIынущ.
 - ЧЭРИМ Марианнэ.