Ингуш щIалэгъуалэм хабзэр ирагъащIэ
2019-08-01
- Магас щыпсэу щIалэгъуалэм хуагуэшащ ингуш пщащэм, щIалэм хэлъын хуей хьэл-щэныр щыгъэбелджыла тхылъ цIыкIу.
- «ЩIалэгъуалэ хабзэр» убзыхуныр зи жэрдэмыр Магас къалэм и администрацэращ. Абы и лэжьакIуэхэм ящыщу тхылъым елэжьахэм чэнджэщэгъу яхуэхъуащ тхыдэтххэмрэ хабзэм фIыуэ хэзыщIыкI нэхъыжьхэмрэ.
- — Магас пщыхьэщхьэм дахэ дыдэщ. Ауэ зы щIалэм емыкIуу, уигъэукIытэу ину жиIа псалъэр щызэхэпхкIэ, нэхъыжьхэр щыблэкIкIэ пщащэхэр къызэрымытэджыр щыплъагъукIэ, уогузавэ, мыбыхэм сыт хуэдэ дуней, сыт хуэдэ зэхэтыкIэ яIэнур, жыпIэу. ИкIэщIыпIэкIэ зыгуэр тщIэн хуейщ», — щетх соцсетым Магас и Iэтащхьэ Цечоев Беслъэн.
- Абы къыхегъэщ мы тхылъыр щIалэгъуалэм сэбэп яхуэхъуну зэрыщыгугъыр. «ИгъащIэ лъандэрэ ди адэжьхэм зэрахьа хабзэм щIалэгъуалэр щыдгъэгъуазэмэ, езыхэри жылагъуэ щыIэкIэ-псэукIэри тхуэхъумэнущ, армырамэ, лъабжьэ диIэжынукъым, лъэпкъыр мы зэманым къэзыгъэса тегъэщIапIэ быдэхэр тIэщIэкIынущ», — жеIэ къалэ унафэщIым.
- Жэрдэмыр дэ къыткъуэмыкIами, къэтпхъуэтами хъунт, ингуш щIалэгъуалэм зэрахуэгузавэм теухуауэ жаIар ди дежи щокIуэкIри. Ауэ хабзэхэр щызэхуэхьэса тхылъ бгуэшыныр мащIэу къысщохъу, щIалэгъуалэм ар зимыIэпэгъу куэд яхэт хъуащи. ФIы дыдэт курыт, ищхьэ еджапIэхэм дерс щхьэхуэ щаджыну, абы теухуауэ зэIущIэхэр ирагъэкIуэкIыну. Лъэпкъым и фIым щымыгъуазэ щIалэгъуалэм нэгъуэщI щыIэкIэ-псэукIэм зытраухуэныр аращ къызыхэкIыр. Абыхэм я щхьэм нэгъуэщIхэм я хабзэр зы дакъикъэм къиуэу аракъым — зыгуэрхэр къопсалъэ, зэIущIэхэм ирагъэблагъэ.
- Ди щIалэгъуалэм, къапщтэмэ, сыт Адыгэ хабзэм хащIыкIыр, абы теухуауэ хэт и жыIэ зэхахрэ?