Апхуэдэ цIыхухэм щIэупщIэ яIэщ
2019-07-11
- Ди гъунэгъу Ингушым и Iэтащхьэу щыта Евкуров Юнус-Бэч Урысейм зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэщ. Ар а къулыкъум гъэувыным теухуа унафэм Iэ тридзащ Президент Путин Владимир.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, езым и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, ар япэрей IэнатIэм къыIукIат «ингуш жылагъуэр зэпэщIимыгъэувэн папщIэ».
- Евкуровыр Кавказ Ищхъэрэм хуабжьу щыцIэрыIуэщ. ИлъэсипщIым щIигъу ипэкIэ политикэм хыхьащ генерал-майору, иджы къыхэкIыжащ генерал-лейтенанту. ГурыIуэгъуэт Юнус-Бэч дзэ къулыкъум зэрыпэрыхьэжынур. Рязань и десант училищэр къиуха иужькIэ, и гъащIэ псор дзэм ирипхащ. Гъэунэхуныгъэ Iуэху куэд къызэринэкIащ. Абыхэм ящыщу нэхъыщхьэу къалъытэ Евкуровым и гупым цIыху 18 фIэкIа мыхъуу 1999 гъэм Косовэ и «Слатина» аэродромыр зэриубыдар. Ар яIыгъащ ди къару нэхъыщхьэхэр къекIуэлIэхукIэ. А Iуэхум НАТО-м и мурадхэр къызэпиудащ. Абы щыгъуэм Евкуровым къратауэ щытащ Урысейм и ЛIыхъужьым и Вагъуэр.
- Мыри щIыдгъужынщ. Iулъхьэ къеIызыххэм екIурабгъуншэу зэрапэщIэувам къыхэкIыу, Юнус-Бэч куэдрэ яукIыну хэтащ, зэгуэри ар къайхъулIэ пэтащ. АрщхьэкIэ къызэфIэувэжащ икIи кхъухьлъатэхэм парашюткIэ къелъэни щигъэтакъым. Езыр хуабжьу жьэнахуэщ. Уегупсыс зэрыхъунумкIэ, а цIыху телъыджэм иIыгъын хуей къулыкъур игъуэтыжащ — ар дяпэкIэ кIэлъыплъынущ кхъухьлъатэ лъэщхэм я шынагъуэншагъэм.