Шэ хьэлэл ефа цIыху
2019-06-27
- Ныбжьэгъу пэжу сиIа Хьэжыкъарэ Алик щылэжьа унэ лъагэшхуэм, Печатым и унэм, ущыблэкIкIэ къыпфIощI екIуу, зэщIэкъуауэ сыт щыгъуи тлъагъуу дызэса, журналист Iэзэу, лэжьакIуэ емызэшыжу щыта а щIалэр а унэм щIыхьэу е къыщIэкIыжу уIущIэну, арщхьэкIэ — неIэмал! Илъэс мэхъу Алик дунейм зэрехыжрэ. Абы лъандэрэ нэхъ нэщхъей хъуауэ, зеиншафи къатеуауэ шэч уощI а унэшхуэм пэгъунэгъуу щыгъэкIа жыгхэм, ихъуреягъкIэ нэм къиубыд щхъуантIагъэм.
- Алик япэ дыдэу щыслъэгъуар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетырщ. Лекцэ нэужьым тIэкIу бэуэну, загъэпсэхуну еджапIэм и кIэлындор кIыхьым къытехьэ щIалэхэм ар къахэщырт екIуу зэрыхуэпамкIэ, и нэгум кърих угъурлыгъэмкIэ. Ауэ нэхъ гъунэгъуу дыщызэрыцIыхуар радиорщ, 80 гъэхэм я пэщIэдзэхэрщ. Ар сяужькIэ къэуват лэжьапIэм. Радиом и адыгэ къудамэм и нэхъыжь Къэрмокъуэ Мухьэмэд Хьэжыкъарэм и щытхъу щызэхихым, адыгэбзэм, адыгэ Iуэхум зэрыхуэнэхъуеиншэр, зэгъэкIуауэ, купщIэ хэлъу зэрытхэр къыщищIэм, къигъэуващ лэжьапIэм. ИкIи щыгуфIыкIыжащ апхуэдэ лъэбакъуэ зэричам, сыту жыпIэмэ радиом и IэнатIэ нэхъ гугъу дыдэр, хъыбарыщIэхэмкIэ редакцэр, зезыхьэр щыIукIым, ар Алик и IэмыщIэ ирилъхьэри, щIалэщIэм и лэжьэкIэмкIэ арэзыуэ, яку зэгурыIуэ дэлъу къызэдэгъуэгурыкIуащ, Къэрмокъуэр пенсэ кIуэху. Абы и ужькIэ редактор нэхъыщхьэ хъуа БжэныкIэ Мухьэби къищIэнтэкъэ Алик и лъэкIыныгъэр здынэсыр — ари, и гур къыхэмыщтыкIыу, Хьэжыкъарэм дэлэжьащ, и IуэхущIафэм арэзы техъуэу, и дзыхь иригъэзу. Абы и щыхьэткъэ отпуск кIуэху, и нэхъыбапIэм езым и пIэкIэ Алик къигъанэу зэрыщытар.
- Махуэ къэсыху екIуэкI Iуэхугъуэхэр, республикэм и гъащIэр кIэщIу, адыгэбзэ къабзэкIэ, бзэ шэрыуэкIэ итхыжу илъэс 20-м щIигъукIэ а лэжьыгъэр зэрихьащ Хьэжыкъарэм. Зы IэнатIэ ущыбгъэдэткIэ, гъащIэм, ди псэукIэ-зэхэтыкIэм, къэрал политикэм, адыгэ хабзэм теухуауэ уи гупсысэр, уи Iуэху еплъыкIэр щызэтехуэкIэ апхуэдэ Iуэхугъуэм нэхъри гъунэгъу узэхуещI. Лэжьыгъэр дыуха нэужь а псор «дгъэныщкIурт», ди фIым дригушхуэу, ди мыхъумыщIэм ди гур иригъуу.
- ХъыбарыщIэмкIэ редакцэм щыIэху, и IуэхущIафэм нэхъуеиншэу зэрыбгъэдэтам къыдэкIуэу, абы зэфIигъэкIащ узэрыгушхуэ хъун нэгъуэщI зы Iуэхуи. Журналист IэщIагъэм хуэижь ищIащ щIалэгъуалэ зыкъом. Абы и гъукIэгъэсэнхэм иужькIэ IэнатIэ щхьэхуэ зрагъэгъуэтащ — хэти радиом къэнэжащ, адрейхэр газетым е телевиденэм щыIэщ. Абыхэм уахуэзамэ, Алик фIыщIэ къыхуащIу нобэр къыздэсым зэхэпхынущ.
- ЦIыхур дунейм ехыжа нэужь, фIы хужаIэ хабзэщ, и гъащIэм, и хьэл-щэным ягу иримыхьын гуэр хэлъами, къыдрамыгъэжейуэ. Ауэ щыпсэуам щыгъуи Хьэжыкъарэм ифI мыхъумэ, и Iей зэхэпхынутэкъым. ЩIызэхыумыхынури цIыху псэ къабзэт, жумартт, сыт щыгъуи зыкъыпщIигъэкъуэну, уи Iуэхур къыбдиIыгъыну зэрыхьэзырырт. Ухуэгузавэу ищIэмэ, и жыпым сом илъыххэмэ, къыуитынут, езыр асыхьэтым хуэныкъуэу щытми. «Iуэху гуэр къыслъыкъуэкIащи, уныздэкIуэн?» — жыпIэу зыхуэбгъэзамэ, «Дэнэ, сыт хуэдэ Iуэху?» — жиIэу щIэупщIэнутэкъым. «Мыдэ зэ си лэжьыгъэр сухмэ…» — арат и жэуапыр. КIуэаракъэ, шэ хьэлэл ефа цIыхут. ЩыIэщ псалъэжь: «Щэ и уасэу зы уэстын хьэмэрэ зы и уасэу щэ уэстын?» Щэ и уасэт Алик… Куэд, куэд пхужыIэнущ а лIым и дуней тетыкIам, хэлъа цIыхугъэмрэ адыгагъэмрэ ятеухуауэ.
- — Алик хуэдэу зи лэжьыгъэр гугъэзагъэу зезыхьа цIыху куэд урихьэлIэнукъым, — жеIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и журналист Хьэмту Къадир. — IэхъуэгъуэтегъэкIыу зи нэтынхэр зыуцIырхъхэм ящыщтэкъым ар — и тхыгъэхэр зэгъэкIуат, и бзэр шэрыуэт, купщIафIэт. И акъылри, и Iэзагъэри, и зэманри щхьэузыхь хуищIырт зыпэрыт Iуэхум. Езыр адыгагъэ зыхэлъ цIыху псэ къабзэт. Си щхьэкIэ сыхуэарэзыщ, Ахърэт нэху игъуэтауэ Тхьэм къыщIигъэкI.
- Радиом илъэс 30-м щIигъукIэ Iутауэ, Хьэжыкъарэр кIуащ «Адыгэ псалъэ» газетым. А здэувами ар къыщыщIэхуакъым.
- — Журналист IэкIуэлъакIуэу, хуабжьу цIыху гумызагъэу щытащ Хьэжыкъарэ Алик. Ар зэрылэжьакIуэшхуэм дыщыгъуазэ пэтми, ди редакцэм щылажьэхэм ар иджыри зэ хьэкъ тщыхъуауэ щытащ зэман кIэщIым къриубыдэу, — жеIэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. — ЯпэщIыкIэ ар лэжьащ корреспонденту, иужькIэ газетым и къудамэм и унафэщI хъуащ, зи пашэ IэнатIэм щызэфIэхыпхъэ лэжьыгъэхэр хъарзынэу зэригъакIуэу. Узым къыхигъэзыхь щыхъуами, ар и къалэн-хэм апхуэдабзэу жэуаплыныгъэ хэлъу бгъэдэтащ. «Зыхуэсакъыж, зыгъэпсэху, уи узыншагъэм кIэлъыгъэплъ», жытIами, лъэкIыр фIы дыдэу ищIэу редакцэм щыIащ. Дыхуэарэзыщ гукIи псэкIи. ЖэнэткIэ Тхьэр къыхуэупсауэ къыщIыукI.
- Журналистым и IэнатIэр нэхъуеиншэу зэрызэрихьам и щыхьэтщ «Адыгэ псалъэм» илъэс 50-м щIигъуауэ щылажьэ Тэнащ Анатолэ и псалъэхэр:
- — Алик пщIэшхуэ зэриIам и зы щап- хъэщ радиом къыIукIыу ди деж къэкIуа нэужь, а къыдэлажьэу щытахэм зэращымыгъупщар, IэщIыб зэрамыщIар: махуэ щIагъуэ дэкIакъым къакIуэу къамылъагъуу е телефонкIэ къыщIэмыупщIэу, езыри ящIэмыупщIэу. Сэ згъэщIагъуэрт ди ныбжьэгъу нэхъыщIэр езэш имыщIэу и IэнатIэм зэрыбгъэдэтыр — щэбэт, тхьэмахуэ иIэтэкъым, и пщэ дэлъ Iуэхур зэфIэкIыхункIэ игу зэгъэнутэкъым. Шэч лъэпкъ хэлъкъым ар лэжьакIуэ дакъэу зэрыщытам.
- — IэкIуэлъакIуагъэ ин зыбгъэдэлъ журналист Iэзэт Хьэжыкъарэ Алик. Си нэIэм щIэт къудамэхэм ящыщ зым и пашэт ари, зэи къэхъуакъым къитыпхъэ тхыгъэхэр и чэзум щимыгъэхьэзыра, ари къызыхуэтыншэу зэгъэкIуауэ, узыкIэлъыIэбэ-жын щIагъуи хэмыту. Псалъэхэр къыхищыпыкIыу, псалъэуха къэс зэгъэ- кIуауэ зэхэгъэувауэ апхуэдэт абы и къалэмыпэм къыпыкI очеркхэри, отчётхэри, нэгъуэщI тхыгъэхэри, — и лэжьэгъуу щытам топсэлъыхь «Адыгэ псалъэ» газе-тым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Жыла- сэ Заурбэч. — Редакцэм и нэхъыжьыфIхэм ящыщ Алик, радиом щыщыIам хуэдэ дыдэу, журналист ныбжьыщIэхэм я щапхъэт лэжьыгъэр зэрырихьэкIымкIэ, къалэн къыщащI Iуэхугъуэхэр фIагъ пылъу зэрызэфIихымкIэ. ЗдэкIуар тыншыпIэ хуэхъуауэ Тхьэм къыщIигъэкI.
- Зы пэшым Хьэжыкъарэм дыщIэсащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Шал Мухьэмэдрэ Къумахуэ Аслъэнрэ. Дауи, ахэр фIыуэ щыгъуазэщ я лэжьэгъум и шыфэлIыфэм.
- — УдэгъуэгурыкIуэну, уепсэлъэну, удэлэжьэну тыншт Алик. Гудзакъэ зыхэлъ цIыхут, ныбжьэгъу пэжт, утыку укъринэнутэкъым зэи. Ар зыпэрытар газетым и IэнатIэ нэхъ гугъу дыдэрауэ собж: экономикэмрэ къуажэ гъащIэмкIэ къудамэр. А Iуэхум куууэ щыгъуазэт. Алик теухуауэ фIыуэ сигу къэзгъэкIыжын си гъунэжщ. ЖыпIэнурамэ, абы хуэдэу жэуаплыны-гъэ хэлъу зи лэжьыгъэр зезыхьэ цIыху емызэшыж куэд срихьэлIакъым, — жеIэ Шалым.
- — Алик и жьауэм сыщIэту илъэсиплI нэблагъэкIэ зэгъусэу дыщызэдэлэжьащ радиом, — игу къегъэкIыж Аслъэни. — Лэжьыгъэм жэуаплыныгъэ хэлъу сыбгъэдэтыным сыхуэзыущияр, сызыхуезыгъэсар, дерс къызэзытар аращ. ИужькIэ тIури газетым гъусэ дыщызэхуэхъужащ. Абы нэхъ гъунэгъурэ ныбжьэгъу пэжрэ сиIакъым. Си щхьэкIэ сехъуапсэрт Алик и лэжьэкIэм, и тхэкIэм. Абы хэлъ цIыхугъэмрэ куэдым фIыуэ къызэралъагъумрэ згъэщIагъуэрт. Сефыгъуэртэкъым, сыдэплъейрт, «ар здынэса лъагапIэм сынэсыну пIэрэ?» жысIэу. МыдэкIэ и унагъуэращи, щхьэгъусэ хъарзынэр — Риммэ — къыкъуэтащ, ипхъу Альбини унагъуэфI хэхуащ. Алик къимыгъэщIар и бынми, и пхъурылъху цIыкIуитIми Тхьэм къахупищэ.
- «Адыгэ псалъэ» газетым щылажьэхэри, Алик къэзыцIыхуу щыта псори къащти, зыгуэр бгъуэтыну фIэщхъугъуейщ а цIыху къабзэм, журналист Iэзэм и щытхъу жызымыIэн. Ар щымыIэжу щызэхахам, я Iыхьлы гъунэгъу дыдэ яфIэкIуэдам хуэдэу, гущIыхьэ ящыхъуат псоми.
- … Зы цIыху тхэкIыжыху, дызытет щIылъэр мэхъу нэхъ фагъуэ, сыту жыпIэмэ апхуэдэ цIыхум иIащ, адрейхэм емыщ-хьу и хьэл, и щэн, и гупсысэ, и псэлъэкIэ, дуней тетыкIэ. Ауэ Хьэжыкъарэ Алик хуэдэ щыпхэкIыжым деж, зэман куэд дэмыкIыу къыбгуроIуэ, гур къиуIэу зыхыбощIэ уасэ зимыIэ цIыху — и ныбжьэгъухэм, и IэнатIэм, и лъэпкъым гу къуэпскIэ япыщIа, адыгэ Iуэхур, адыгэбзэр, хабзэр зи гущIагъщIэлъу гъащIэ Iыхьэр езыхьэкIа — телъыджэ зэрыпфIэкIуэдар.
- ФIыуэ плъагъуу, укъигъэпэжу, уэри бгъэпэжу, махуэ къэс жыхуиIэм ещхьу, узыхуэзэ е телефонкIэ узэпсалъэ — къопсалъэ цIыхур умыщIэххэу пфIэкIуэдынкIэ зэрыхъунум уегупсысыркъым. Зэманыр зэрежэкIым гу лъумытэурэ укъыщызэдэгъуэгурыкIуэкIэ, къыпфIощI апхуэдэу игъащIэкIэ екIуэкIыну. ФэрыщIагъ лъэпкъ хэмылъу жытIэнщи, дэ, Алик фIыуэ зыцIыхуу щытахэр, сыт щыгъуи дыхуэныкъуэнущ ажал гущIэгъуншэм тIэщIиха ди ныбжьэгъум.
- МЫЗ Ахьмэд,
- КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.