ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Куэд  дэзыхьэх гуп  гъэщIэгъуэн

2019-06-25

  • Щапхъэ зытрах «Маленький джигит» сабий къэфакIуэ ансамблыр Псыхуабэ къалэм щрагъэкIуэкI «Летний калейдоскоп» етхуанэ дунейпсо зэхьэзэхуэм и япэ нагъыщэм и лауреат хъуащ.

  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Маленький джигит»-р 2002 гъэм Дзэлыкъуэ районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм деж къыщызэрагъэпэщауэ щытащ. А гукъэкIыр зейри, гупым и япэ художественнэ унафэщIри, къафэхэр зыгъэуври Къардэн Хьэсэнт. «Щапхъэ зытрах» цIэ лъапIэр абы 2005 гъэм хуагъэфэщащ. И зэфIэкIыр къызэралъыта цIэр къыфIаща иужь, «Кабардино-Балкарская правда» газетым къытрадзауэ щыта тхыгъэм хэтт мыпхуэдэу: «ЦIыхухэр егъэлеяуэ дахьэхащ иджыри зи IуэхущIафэхэмкIэ цIэ лъапIэ къыхуагъэфэщэнуи хунэмыса «Маленький джигит» ансамблым и къэфакIуэхэм. ЖыпIэнурамэ, гукъыдэжыр къаIэту, жьы ящIэту, зыпэрыт Iуэхум дэтхэнэ ныбжьыщIэри къызэрыхуигъэщIар плъагъуу утыкум итащ ахэр».
  • Районми республикэми щрагъэкIуэкI щэнхабзэ Iуэху дахэхэм хэткIэ къызэтеувыIэркъым ансамблыр. Зэхьэзэхуэ, фестиваль куэдым и зэфIэкI щегъэлъагъуэ, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ — Алание, Дагъыстэн республикэхэм, Ставрополь крайм, нэгъуэщI щIыпIэхэми къыщацIыху. Щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр зэрагъэбыдэм, зэрырагъэфIакIуэм къыпэкIуэу, къедбжэкIа щIыналъэхэм я министерствэхэм я щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ къэфакIуэ гупым.
  • Абыхэм къахьа дамыгъэхэмрэ увыпIэ нэхъыщхьэхэмрэ куэд мэхъу. Къэтхьынщ абыхэм ящыщ зыбжанэ: 2010 гъэм Измир къалэм (Тырку) щекIуэкIа фестивалым нэхъыфI дыдэу къыщалъытащ; 2011 гъэм — къэфакIуэхэм я зэхьэзэхуэу Яловэ тырку къалэм щызэхашам япэ нагъыщэм и лауреат щыхъуащ; а гъэ дыдэм Москва щекIуэкIа «Урысейм и талантхэр» фестиваль-зэхьэзэхуэм и Гран-при саугъэтыр къихьащ, гупым и художественнэ унафэщI Къардэн Хьэсэн «Илэжь Iуэху щхьэпэхэм папщIэ» орденыр къыхуагъэфэщащ; 2018 гъэм «Iэгуауэхэр» е 17-нэ урысейпсо фестиваль-зэхьэзэхуэм и япэ нагъыщэм и лауреат дипломыр къыщихьащ «Маленький джигит»-м; а гъэ дыдэм «Гъэм и теплъэгъуэхэр» Iуэху дахэм хыхьэу ирагъэкIуэкI «Летний калейдоскоп» зэпеуэм япэ нагъыщэм и лауреат щыхъуащ, гъуазджэхэмрэ творчествэмкIэ «Вагъуэхэм я симфоние» урысейпсо зэхьэзэхуэу Нартсанэ къа-лэм къыщызэрагъэпэщами и зэфIэ-кIыр къыщалъытащ.
  • ИщхьэкIэ зи цIэ къыщитIуа Къардэн Хьэсэнщ, зэрыжытIащи, гупыр зэхуэзышэсар. Къызэригъэпэща, гъуэгу захуэм тригъэува, къафэ гъэщIэгъуэнхэр сабийхэм ядигъэува къудейкъым Хьэсэн, Хэкур фIыуэ ялъагъуу, нэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIахэм пщIэ хуащIу, цIыхубэ щIэинхэр хуэсакъыу яхъумэу игъасэрт абы щIэблэр. 2015 гъэм, хьэлъэу сымэджа иужь, дунейм ехыжащ гъэсакIуэ Iущыр. Иджы гупым и унафэщIщ Хьэсэн ипхъу Къардэн Бэллэ. ЗэрыцIыкIу лъандэрэ утыку итщ мы бзылъхугъэри, «Бгыхэм я джэрпэджэж», «Нэмыс» ансамблхэм къыщыфэу щытащ. «Маленький джигит»-р къыщызэрагъэпэща махуэм къыщыщIэдзауэ и адэм и дэIэпыкъуэгъу нэсу щытащ Бэллэ, иджы Хьэсэн и Iуэхум пещэри, ехъулIэныгъэ куэд иIэну ди гуапэщ.
  • ЩОКЪУИЙ  Iэминэ.