Лъэпкъым и къуэщэджащэ
2019-04-25
- Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, IуэрыIуатэдж, литературэдж, критик, культуролог, тхыдэдж, жылагъуэ лэжьакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием (ЩIДАА-м) и академикыу щыта, УФ-мрэ АР-мрэ щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Щхьэлахъуэ Iэбубэчыр къызэралъхурэ мэлыжьыхьым и 19-м илъэс 90 ирикъуащ.
- Щхьэлахъуэ Iэбубэчыр Адыгэ автоном областым хыхьэ Теувэж районым и ВакIуэпщий къуажэм 1929 гъэм къыщалъхуащ. И тхыгъэхэр 1954 гъэм дунейм къытехьэу хуежьащ. Абы щIэныгъэлI куэд игъэхьэзыращ, кандидат, доктор диссертацэхэр пхыгъэкIынымкIэ щыIэ советым илъэс зыбжанэкIэ хэткIэрэ. И унафэм щIэта куэд филологие щIэныгъэм я кандидат, доктор хъуахэщ.
- Iэбубэчыр илъэс 60-м нэблагъэкIэ щылэжьащ Адыгэ Республикэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и къэрал институтым. Тхыгъэ 400-м, тхылъ 20-м нэблагъэ дунейм къытригъэхьащ. Серие зыбжанэу зэкIэлъыхьа «Проблемы адыгейской литературы и фольклора» къыдэкIыгъуэм и лъабжьэр аращ зыгъэтIылъар. ТомитI хъу «Вопросы истории адыгейской литературы», томищ хъу «История адыгейской литературы» тхылъхэр зэхэзылъхьахэмрэ ахэр къыдэкIыгъуэм хуэзыгъэхьэзырахэмрэ ящыщ зыщ. ЩIэныгъэлIым и монографие тхыгъэхэм ящыщщ «Адыгэ бзылъхугъэм и образыр адыгэ литературэм къызэрыщыгъэлъэгъуар» (1963 гъэ), «ГъащIэщIэм къыдэхъуа» (1970 гъэ), «Зыужьыныгъэм и дэкIуеипIэхэр» (1974 гъэ), «Сатырхэм я къэхъукIэ» (1981 гъэ), «Идейно-художественное становление адыгейской литературы (1930 — 1980)» (1988 гъэ), «Правда жизни — мера творчества» (1991 гъэ), «Немеркнущие звёзды» (1994 гъэ), «Очаг национальной памяти» (1999 гъэ), «ГъащIэ. Литературэ. Гъэсэныгъэ» (2002 гъэ), «Хэхэс адыгэхэм я литературэр» (2014 гъэ), томищым щызэхуэхьэса «Тхыгъэ къыхэхахэр» (2014 гъэ), нэгъуэщIхэри.
- Щхьэлахъуэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ Iуэтэжхэр, очеркхэр, повестхэр. Ахэр щызэхуэхьэса и тхылъхэр зыбжанэрэ дунейм къытехьащ: «ЛIыхъужь мафIэ» (1998 гъэ), «Гум хэлъ мастэхэр» (2004 гъэ), «Псэ закъуэ» (1994 гъэ), «Мастэм и лъагъуэр Iуданэм и гъуэгущ» (2013 гъэ).
- Щхьэлахъуэ Iэбубэчыр адыгэбзэмрэ литературэмрэ егъэджыным хэлъхьэныгъэфI хуищIащ, абы папщIэ хрестоматие, школ программэ пщIы бжыгъэхэр зэхилъхьащ. И тхылъ щхьэхуэхэр зыбжанэрэ къыдагъэкIыжащ. Щхьэлахъуэм къыхуагъэфэщащ «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр, Адыгэ Республикэм щIэныгъэмкIэ и Къэрал саугъэтым и лауреатщ.
- Лъэпкъым и къуэ щэджащэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэ Щхьэлахъуэ Iэбубэчыр 2018 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м дунейм ехыжащ. ЩIэныгъэлIыр къэзыцIыхуу щытахэм, и лэжьэгъухэм, и лъэпкъэгъухэм ар зэи ящыгъупщэнукъым.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.