«Иджырей къалэ кIуэцIым и теплъэ» проект хэхар гъэзэщIэным хыхьэу зыхуей хуагъэзэнущ Налшык къалэм и пщIантIэхэр
2019-04-06
- Жылагъуэ конкурс комиссэм къищтащ Налшык къалэ округым хыхьэ пщIантIэхэу «Иджырей къалэ кIуэцIым и теплъэ» проект хэхар гъэзэщIэным хыхьэу 2019 гъэм зыхуей хуагъэзэну яубзыхуахэр.
- ЗэфIагъэкIыну лэжьыгъэхэм хохьэ асфальтыр, лъэс зекIуапIэхэр зэгъэпэщыжыныр, гъуэгу Iуфэхэм Iулъ бордюрхэр, бжэIупэхэр къызэрагъэнэху системэхэр зэхъуэкIыныр, пщIантIэхэм щхъуантIагъэхэр щыхэсэныр, зыщагъэпсэху, къабзагъэр къызэгъэпэщыным хуэщIа щIыпIэхэр зыхуей хуэгъэзэныр. Зэрагъэпэщыжынухэм хагъэхьащ пщIантIэ 23-рэ.
- ХъыбарегъащIэ агентствэхэм къатахэм япкъ иткIэ.