ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЛIыхъужьыр  ягу къагъэкIыж

2019-03-05

  • Илъэс къэс мы зэманым Къэхъун къуажэм щокIуэкI Афганистаным щыхэкIуэда, зэрихьа лIыгъэм папщIэ Вагъуэ Плъыжь орденыр мыпсэужу зыхуагъэфэща НэгъэцIу Хьэсэнбий и фэеплъу къызэрагъэпэщ, волейбол джэгунымкIэ зэхьэзэхуэ. Мы гъэм ар щэщIрэ етIуанэу зэхаублащ икIи ирагъэхьэлIащ Афган зауэр зэриухрэ илъэс 30 щрикъум.

  • Къэхъун дэт курыт еджапIэхэм я спорт пэшхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм къызэхуишэсат Нарткъалэ, Старэ Шэрэдж, Шэрэдж Ищхъэрэ, Ташлы-Тала къуажэхэм къикIахэмрэ хэгъэрейхэм я командитIрэ.
  • Зэпеуэм хэтахэмрэ абы еплъыну къэкIуахэмрэ пэуб- лэ псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ Къэхъун къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къандэхъу Леонид, курыт еджапIэ №2-м и директор Джатокъуэ Хьэуелэ, Афган зауэм и ветеранхэм я Урысей союзым Аруан районым щиIэ къудамэм и пашэ Аргъэщокъуэ Аслъэн сымэ. Зэхьэзэхуэм и судья нэхъыщхьэ Кабалоев Мурадин ар зэраубзыхуа щIыкIэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ.
  • Махуэ псом гуащIэу екIуэкIа зэпеуэм текIуэныгъэр къыщахьащ Ташлы-Тала къикIахэм. Бэнэныгъэ гуа-щIэм ахэр хэгъэрейхэм щефIэкIащ. Шэрэдж Ищхъэрэм и волейболистхэм ещанэ увыпIэр къалъысащ.
  • ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ фэеплъ кубокыр, дипломхэр, медалхэр, саугъэтхэр, волейбол топхэр хуагъэфэщащ.
  • Зэхьэзэхуэр щызэхуащIыжым абы хэтахэм фIыщIэ хуащIу, дяпэкIи ехъулIэныгъэ яIэну ехъуэхъуу къэпсэлъахэщ илъэс къэс а Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэ емызэшыж Гулэжын Беслъэн, Къэхъун курыт еджапIэ №1-м и директор ХьэхъупащIэ Iэмин, спортым и ветеран ХьэщIэлI Руслан, фэеплъ зэпеуэр зи цIэкIэ къызэрагъэпэща щIалэр къызыхэкIа лъэпкъым и лIыкIуэ НэгъэцIу Хьэсэн сымэ. Абыхэм къыхагъэщащ мыпхуэ-дэ зэпеуэхэм щIалэгъуалэр хэкупсэу, узыншэу къызэрагъэтэджыр икIи мыхьэнэшхуэ зэраIэр.
  • Зи гугъу тщIа зэхьэзэхуэр екIуу къызэгъэпэщынымкIэ икIи егъэкIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу нэс хъуахэщ Къэхъун къуажэ администрацэмрэ НэгъэцIухэ я лъэпкъымрэ.
  • Жыласэ Заурбэч.