ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КIыщокъуэ Алим зэи тщыгъупщэнукъым

2019-01-29

  • Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Горький Максим и цIэр зезыхьэ къэрал саугъэтыр зрата, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим и фэеплъу Налшык дэтым щIышылэм и 29-м сыхьэт 11-м удз гъэгъахэр тралъхьэнущ.
  • КIыщокъуэр дунейм щехыжа махуэм теухуа фэеплъ пэкIум кърихьэлIахэр усакIуэр къыщалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэм кIуэнурэ абы и унэ-музейм еплъынущ.

  • КIыщокъуэ Алим
  • Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ
  • Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ,
  • Дунейр збгынауэ фимыгугъэ.
  • ЗылI къимыгъащIэ сэ згъэщIами,
  • Сыт щыгъуи гъащIэр си щIэщыгъуэщ.
  •  
  • ЩIыхуэ зытелъым хуэмытыжмэ,
  • ХэкIыпIэ куэдрэ ар мылъыхъуэу,
  • Зи щIыхуэ телъым дежым кIуэрти,
  • Хуэув и хабзэт ар Iэщыхъуэу.
  •  
  • Сэ фыкъысхуейуэ сывмыгъуэтмэ,
  • ФемыпIэщIэкIыу фыкъыспэплъэ.
  • МылIэжыныгъэм стелъщ и щIыхуи,
  • Абы и пщIантIэм фыкъыдэплъэ.