Сом мелуани 149-рэ къыIэрохьэ
2019-01-10
- «Лышх узыфэхэм пэщIэтын» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным ипкъ иткIэ 2019 гъэм федеральнэ бюджетым къыхэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыIэрыхьэнущ сом мелуани 149-рэ.
- Мылъкур трагъэкIуэдынущ республикэм лышхым щеIэзэ и IэнатIэр узыр къызэрахутэ иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщыным. Абы хэтынущ эндоскоп, маммограф, ягъэIэпхъуэ рентген аппаратурэ икIи Iэ-мал къаритынущ а узыфэм ехьэлIауэ щIыналъэм щрагъэкIуэкI къэхутэныгъэм, зэреIэзэм и фIагъым хагъэхъуэну.
- КъищынэмыщIауэ, дызытехьа илъэсым я мурадщ ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ фондым и мылъкукIэ а унэтIыныгъэмкIэ къызэрагъэпэщ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэм хагъэхъуэну, хирургием зрагъэужьыну, Онкодиспансерым реанимацэ къудамэ къыщызэIуахыну.
- «Лышх узыфэхэм пэщIэтын» лъэпкъ проектымкIэ 2019 — 2024 гъэхэм республикэм къыIэрыхьэнущ сом мелуан 700-м щIигъу.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ
- я пресс-IуэхущIапIэ.