ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2019 гъэм и махуэшхуэхэм зэрызыдгъэпсэхунур

2018-12-22

  • Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и министерствэм унафэ къищтащ ди къэралым и цIыхухэр 2019 гъэм и махуэшхуэхэм зэрыдэсыну щIыкIэм теухуауэ. Абы ипкъ иткIэ, хабзэ зэрыхъуауэ, дызыхуэкIуэ илъэсми зыгъэпсэхугъуэ кIыхьхэмкIэ щIэддзэнущ.

  • ИлъэсыщIэр гъэлъэпIэным мы гъэми пасэу дыпежьэнущ. Дыгъэгъазэм и 30-мрэ 31-мрэ дыдэсщ. 2018 гъэм и иужь махуэр блыщхьэм техуащи, абы и лэжьэгъуэр щэбэтым, дыгъэгъазэм и 29-м, ягъэIэпхъуащ, зыгъэпсэхугъуэр зэпыуда мыхъун папщIэ. Лэжьыгъэм дыщыпэрыхьэжынур щIышылэм (январым) и 9-ращ, бэрэжьейуэ.
  • Хэкум и хъумакIуэм и махуэр 2019 гъэм щэбэту техуащ. Апхуэдэхэм и деж зыгъэпсэхугъуэр къыкIэлъыкIуэ блыщхьэм ягъэIэпхъуэ хабзэт, ауэ иджы апхуэдэу ящIэнукъым. Къыдэгъэхуа хъуа махуэр накъыгъэм и пэщIэдзэм яхьащ. Абы щыгъуэми цIыхубзхэр дгъэлъэпIэну Iэмал диIэнущ мэремым щегъэжьауэ зэкIэлъхьэужьу махуищкIэ — гъатхэпэм (мартым) и 8-10-хэм.
  • Гъатхэмрэ лэжьыгъэмрэ я махуэм кIыхьу дыдэсынущ. Бэрэжьейуэ техуэ накъыгъэм (майм) и 1-м щыщIэдзауэ тхьэмахуэр иухыхукIэ зыдгъэпсэхунущ. Махуэкумрэ мэремымрэ дыдэсынущ ИлъэсыщIэмрэ Хэкум и хъумакIуэмрэ щыдгъэлъапIэхэм къытхудагъахуэхэм я фIыгъэкIэ. ТекIуэныгъэм и махуэр тIэтынущ махуэкуу техуэ накъыгъэм и 9-м щыщIэдзауэ а тхьэмахуэр икIыхукIэ. Аращи, а мазэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ накъыгъэм и 12 пщIондэ дызэрылэжьэнур махуищ къудейщ.
  • Урысейм и махуэм дызэрыдэсы- нур мэкъуауэгъуэм (июным) и 12-м и закъуэщ. Ар тхьэмахуэм и курыкупсэм (бэрэжьейм) хуозэ.
  • Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и махуэм нэхъ пасэу дыпежьэнущ. Абы и пэ къит щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ блыщхьэри къыхэхъуэнурэ щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 2-м щыщIэдзауэ 4-м пщIондэ дылэжьэнукъым икIи IэнатIэм дыщыпэрыувэжынур гъубж-ращ.
  • Иджыри къэс зи гугъу тщIахэр зэрыкъэралу зэдэтIэтыну махуэшхуэхэращ. Абыхэм къищынэмыщIауэ, муслъымэн республикэхэм щыдгъэлъэпIэнущ НэщIикIыжымрэ Къурмэнымрэ. Ахэри зыгъэпсэхугъуэ махуэу щытынущ. Япэр мэкъуауэгъуэм и пэщIэдзэм, етIуанэр шыщхьэуIум (августым) и кум хуозэ икIи я пIалъэр нэхъ гъунэгъу къэхъумэ, мазэр къыщыунэхуам елъытауэ, зытехуэ махуэр дин IуэхущIапIэхэм ягъэбелджылынущ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрми махуэ щхьэхуэхэр диIэжщ, зыгъэпсэхугъуэ ящIу. 2019 гъэм япэу дгъэлъэпIэнур Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэращ. Ар щытIэтыну гъатхэпэм и 28-р махуэкуу хуозэ.
  • Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я щыгъуэ-щIэжыр накъыгъэм и 21-ращ. Гъубжу ирихьэлIэ а махуэм лъэпкъыр нэхъри дызэкъуигъэувэнущ.
  • МазиплI дэкIынурэ, фокIадэм (сентябрым) и 20-м, Адыгэхэм я махуэр зэдэдгъэлъэпIэнущ. Ар мэрему хуозэри, дауэдапщэхэм щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ къыпытщэну Iэмал диIэнущ.
  • Жыласэ Заурбэч.