Къэрал тIощIым щIигъум щолажьэ
2018-11-10
- 1841 гъэм щэкIуэгъуэм и 12-м Урысейм и император Николай Езанэм Iэ щIидзауэ щытащ къэралым хъумапIэ кассэхэр къыщызэгъэпэщыным теухуа указым икIи ар УФ-м и ХъумапIэ банкым и махуэу къалъытэ.
- Мы зэманым ХъумапIэ банкыр дунейпсо финанс гуп лъэщу зэтеуващ икIи абы и IуэхущIапIэхэр къэрал 20-м щIигъум щолажьэ. Банкым ахъшэ гъэтIылъыгъэхэр хъумэнымкIэ къэралым бжьыпэр щиIыгъщ, апхуэдэу урысей экономикэм и кредитор нэхъыщхьэщ.
- Мы IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу ди корреспондентыр Урысейм и ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Урысбий Хьэмидбий епсэлъащ республикэм а и финанс IуэхущIапIэ иным зэфIигъэкIхэм теухуауэ.
- Банк IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу абы и IэщIагъэлIхэм IуэхуфIхэр зэфIагъэкIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ ХъумапIэ банкым и къудамэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетми налог ахъшэшхуэ зэрыхилъхьэр.
- Республикэм и щIыналъэм ХъумапIэ банкым и офис зэмылIэужьыгъуэу 60, апхуэдэу банкомат, терминал куэд щыIэщ. Мы IэнатIэр зэпIэзэрыту икIи тэмэму республикэм и къэрал властым и органхэм ядолажьэ. А зэдэлэжьэныгъэр хуэунэтIащ инвестицэ, инфраструктурэ проектхэр зэщIыгъуу гъэзэщIэным, хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ зегъэужьыным, цIыхухэм финанс Iуэхутхьэбзэхэр зэрыхуащIэ щIыкIэр егъэфIэкIуэным.
- АдэкIэ ХъумапIэ банкым и къудамэм зегъэужьыным и лъэныкъуэкIэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэщ социальнэ IэнатIэр, къапщтэмэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и IэнатIэр. Абы и лъэныкъуэкIэ дэ дыхущIокъу концессиер и лъабжьэу къэралымрэ цIыху щхьэхуэхэмрэ я мылъкур зэгъэуIуауэ къызэрыдгъэсэбэпыным. Ар зыхуэунэтIар ХъумапIэ банкым и щIыхуэхэр къэгъэсэбэпурэ жылагъуэ инфраструктурэм и IуэхущIапIэхэр ухуэнырщ, лажьэу щыIэхэр егъэфIэкIуэнырщ, къэгъэщIэрэщIэжынырщ.
- Иджырей зэманым зэфIэкI зыбгъэдэлъ сыт хуэдэ бизнесми и тегъэщIапIэр инновацэ Iуэхухэрщ. Абы къыхэкIыу ХъумапIэ банкыр хьэзырщ инновацэ Iуэху тэмэмхэр дэгъэкIыным и ахъшэр хилъхьэну. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм и фIыщIэкIэ иужьрей илъэсхэм ди банкыр хэту республикэм щагъэзэщIащ экономикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм хиубыдэ инвестицэ проект лъэщхэр. Абыхэм я фIыщIэкIэ нэрылъагъуу заужьу хуежьащ жыг хадэхэр гъэкIыным, хадэхэкIхэр зехьэным, мэкъумэш продукцэм елэжьыным, иджырей медицинэ Iэмэпсымэхэр къыщIэгъэкIыным, пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ щагъэкI теплицэхэр, пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр щIыным.
- ХъумапIэ банкым и IуэхущIапIэу республикэм щыIэр организацэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ ядолажьэ улахуэхэр щаткIэ банкым и картэхэр къэгъэсэбэпыным хуэгъэзауэ. А Iуэхум теухуа зэгурыIуэныгъэу 1300-м щIигъу дэ зыхуэфащэ IэнатIэхэм етщIылIащ. Абыхэм япкъ иткIэ республикэм щыпсэухэм ящыщу цIыху мин 200-м щIигъум я лэжьапщIэхэр ди банкым и къудамэхэм къыщыIах. Банкым и картэхэр зыIыгъхэм Iуэхутхьэбзэхэр яхуэзыщIэ Iэмэпсымэхэри 380-м ноблагъэри, абыхэм я зэхуэдитIым щIигъур жэщми махуэми мэлажьэ.
- Республикэм щыпсэухэм ящыщ куэдым езыхэм я псэупIэхэр ящIыну е къащэхуну зэрыхущIэкъур къэтлъытэри, дэ дегупсысу щIэддзащ ипотекэ кредитхэр зэрытт щIыкIэр зэредгъэфIэкIуэным. Ди IэщIагъэлIхэр хущIокъу апхуэдэ кредитхэр цIыхухэм я фейдэ хэлъу тыныр къызэрызэрагъэпэщыным, къащта щIыхуэхэм проценткIэ щхьэщатыкI ахъшэр зэрагъэмэщIэным. Къэгъэлъэгъуапхъэщ дызэрыт илъэсыр къызэрыунэхурэ ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм псори зэхэту сом меларди 2-м щIигъу ипотекэ кредитхэр цIыху 1400-м хуэдизым зэрари-тар. Ар республикэ псом къыщыIаха ипотекэ кредитхэм я процент 64-рэ мэхъу.
- Иджырей зэманым зыужьыныгъэшхуэ егъуэт ахъшэ Iэрымылъхьэ зегъэкIуэным, ерыскъыпхъэхэм, Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэр банк картэхэмкIэ тыным. Абы къыхэкIыу дэ зэрытхузэфIэкIкIэ псынщIэу зыдогъэужь иджырей технологиехэм, къапщтэмэ, эквайрингым. Нобэм ирихьэлIэу ХъумапIэ банкым республикэм щыIэ сату-сервис IуэхущIапIэу 1900-м щIигъум зэгурыIуэныгъэхэр ярищIылIащ хьэпшыпхэмрэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ я уасэхэр ахъшэ IэрымылъхьэкIэ тыныр къызэгъэпэщыным теухуауэ. Шэч хэмылъу, эквайрингым лъэныкъуитIми я сэбэп хэлъщ.
- Апхуэдэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ ХъумапIэ банкыр езым къыдэлажьэ цIыхухэм яхуэгуэпэну зэпымыууэ зэрыхущIэкъур. Къапщтэмэ, ХъумапIэ банкым и махуэм и щIыхькIэ «Дэ ди махуэшхуэщ, ауэ тыгъэхэр фэ фхудощI» къыхуеджэныгъэм щIэту ирагъэкIуэкIынущ «Илъэсым щыщу нэхъ фейдэшхуэ зыпылъ махуэ» Iуэхур. Абы ипкъ иткIэ щэкIуэгъуэм и 12-м цIыхухэм яхъумэ ахъшэм проценткIэ хущIагъум хагъэхъуэнущ, страхованэм текIуадэр кIэрагъэхунущ, кредит щхьэхуэхэм проценткIэ щхьэщатыкIыр ягъэмэщIэнущ.
- Си псалъэм и кIэухыу сэ сыхуейщ зи ахъшэр ди деж щызыхъумэхэм, щызезыгъакIуэхэм, лэжьыгъэм и лъэныкъуэкIэ ди гъусэхэм ди банкым апхуэдэ дзыхь къызэрыхуащIым папщIэ фIыщIэ ин яхуэсщIыну икIи лъэныкъуитIми я сэбэп зыхэлъ апхуэдэ лэжьыгъэм адэкIи зэрызиужьынур си фIэщ зэрыхъур яжесIэну.
- Урысейм и ХъумапIэ банкым и лэжьакIуэ псоми сохъуэхъу ди IэнатIэм и махуэшхуэмкIэ. Нобэ дэ ди ехъулIэныгъэхэр, банкыр зэпIэзэрыту икIи псоми сэбэпынагъ къахуихьу зэрылажьэр зи фIыщIэр ахэрщ, абыхэм егугъуныгъэрэ ерыщагърэ зэрахэлъырщ, я IэщIагъэм зэрыхуэIэкIуэлъакIуэрщ, си гуапэщ си лэжьэгъухэм узыншагъэ быдэ, ефIэкIуэныгъэ яIэну, зыпэрыт IэнатIэм сытым дежи ехъулIэну!
- Урысбий Хьэмидбий,
- УФ-м и ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр
- IуэхущIапIэм и унафэщI.