ЩIэблэм я щапхъэ
2018-11-03
- КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал, Ленин саугъэтхэм я лауреат Кулиев Къайсын къызэралъхурэ илъэси 101-рэ зэрырикъум теухуауэ зэхыхьэ екIуэкIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ.
-
Кулиевым и цIэр зезыхьэ проспектым щагъэува и фэеплъым деж цIыхушхуэ щызэхуэсат, ма-хуэр зэрыуфами емылъытауэ. Абы яхэтт КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ щыщхэр, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр, усакIуэм и благъэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, лъэпкъ интеллигенцэр, курыт еджапIэхэм щIэсхэр, и усэхэр фIыуэ зылъагъухэр.
- КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин пэкIур къыщызэIуихым жиIащ усакIуэшхуэр къыщалъхуа махуэм, дапщэщи хуэдэу, ар цIыхухэм ягу къызэрагъэкIыжыр, абы и тхыгъэхэм ноби щIэупщIэ зэраIэр, ахэр жьыми щIэми зэрызэIэпахыр, цIыхухэр фIыуэ зылъагъуу, дахагъэм, фIым хуэзыущийуэ къэгъуэгурыкIуа усакIуэм гуапагъэрэ хьэл-щэн дахэрэ зэрыхэлъар.
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим къыщыпсалъэм щIалэгъуалэр къыхуриджащ, Кулиевым и щапхъэм тету, я Хэкур, абы ис лъэпкъхэр фIыуэ ялъагъуу псэуну.
- Къэпсэлъахэм Кулиев Къайсын и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ ягу къагъэкIыжащ. Абыхэм къыхагъэщащ республикэм и цIэр щIына-лъэ зэхуэмыдэхэм фIыкIэ щызыгъэIуа Кулиев Къайсын зэращымыгъупщэр, гъащIэм и пэжыр къызыщыгъэлъэгъуа и усэхэр цIыхубэм зэраIэпэгъур, Хэкур, цIыхухэр фIыуэ зылъагъуу щыта усакIуэм и гъащIэр щIэблэм зэращапхъэр.
- Зы дакъикъэкIэ Кулиевым хуэщыгъуа нэужь, и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.
- Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.