Хьэщыкъуей Олег: Сабийхэм папщIэ
2018-09-22
- Сыт къытхуэфхьа?
- Дэнэ, дэнэ
- УщыIа?
- Хэти, хэти
- Уи гъуса?
- Сыти, сыти
- Къытхуэпхьа?
- Мэзым, мэзым
- СыщыIащ.
- Дади, дади
- Си гъусащ.
- МэракIуапцIэ
- Къыфхуэтхьащ…
- Дани, Дани
- Къыхуэфхьа?
- Нани, нани
- ВгъэгуфIа?
- Папи, мами
- Ялъыса?
- Мами, папи
- Ялъысащ.
- Дани, нани
- ДгъэгуфIащ.
- Дади, сэри
- Къытхуэнащ…
- МэракIуапцIэр
- Сыту IэфI,
- МэракIуапцIэ
- Сыту сфIэфI.
- Зыдогъатхъэ,
- ЗыдотIыж,
- МэракIуапцIэри
- Дошхыж.
- Гуэгушыхъур жьыуэ тэджкъым,
- Нэмэзыпэм къэмыуш.
- Сыкъыхишыркъым жей IэфIым —
- Къэдвгъэхъуэж пщэдей гуэгуш.
- УкъэмыкIуэ, уэшх
- УкъэмыкIуэ, пшэ, дыдей,
- Къыздумышэ уэшх.
- Дэ уэшх нобэ дыхуэмей
- Е пщэдей къегъэшх.
- Нобэ докIуэ зыгъэпскIакIуэ —
- Дыгъэр гуащIэу къытхуегъэпс.
- Уэшхыр ныджэм нумыгъакIуэ —
- ДрикъухукIэ зыдгъэгъэпскI…
- СщIынкъым и жагъуэ
- ХъумпIэцIэджым сщIым и жагъуэ,
- Дадэ жеIэ уэшх къешхыну.
- Ежэхыну псыхьэлыгъуэ,
- Сэри чачэу срихьэхыну.
- «Барфэ» жиIэу уафэр
- ПщIантIэм къыдэхуэну.
- Идыгъуну дыгъэр,
- Уд фызыжь къэкIуэну…
- СрегъэдаIуэ дадэ Iэджэм —
- ЖеIэ зэуэ хъуну кIыфI…
- СеIусэнкъым хъумпIэцIэджым,
- Сэ уэлбанэ зикI сфIэмыфI!..