ЩIалэгъуалэ зэхыхьэр Псыхуабэ къыщызэIуах
2018-08-11
- Дыгъуасэ Псыхуабэ (Пятигорск) щыщIидзащ «Мэшыкъуэ-2018» IX Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ егъэджэныгъэ зэхыхьэм. Мы гъэм абы хэтыну зезыгъэтха цIыху миниплIым щIигъум ящыщу минитIыр зэпеуэкIэ къыщыхахащ КИФЩI-м, Урысей Федерацэм и адрей щIыпIэхэм, нэгъуэщI къэралхэм.
- Хабзэ зэрыхъуауэ, зэхыхьэр IыхьитIу ягуэшащ. Япэр — федеральнэщ. Ар шыщхьэуIум и 10-м щыщIэдзауэ тхьэмахуэкIэ екIуэкIынущ икIи хухахащ унэтIыныгъищым: волонтёрствэм («Гуапагъэм и щIыналъэ»), хэкупсэмрэ дыкъэзыухъурехь дунейр хъумэнымрэ («Урысейр — ди Хэкущ»), хъыбарегъащIэ Iэмалхэм («ХъыбарегъащIэм и лъэхъэнэ»). ШыщхьэуIум и 17-м щIэзыдзэну етIуанэ Iыхьэр — щIыналъэ зэхуэсщ. Ар нэхъ зытеухуауэ щытынур граждан жылагъуэращ. УнэтIыныгъэхэр мыпхуэдэщ: творчествэ («Арт-Мэшыкъуэ»), хьэрычэтыщIэ («Си Iуэху»), къулыкъущIапIэ («ЕхъулIэныгъэм зэрыхуэкIуэ»).
- Дэтхэнэ махуэми и япэ Iыхьэр гъэнщIауэ щытынущ удэзыхьэх егъэджэныгъэ программэхэмкIэ: мастер-классхэмкIэ, интерактивхэмкIэ, лекториехэмкIэ. Абыхэм хэтынухэр хуагъэсэнущ иджырей интернет-журналистикэм, бжыгъэр зи лъабжьэ гъащIэм шынагъуэншагъэр щыдэIыгъыным, хъыбарегъащIэ кампаниехэр зэпэлъытауэ къызэгъэпэщыным, проект щхьэхуэхэм елэжь гупхэр зэхэшэным, акъылым зэрызрагъэужь Iэмалхэм. ЩIэуэ къыхыхьахэм ящыщщ мы илъэсым Урысей Федерацэм щаубзыхуа Волонтёрым и гъэм ехьэлIа сессиехэр.
- Шэджагъуэ нэужьхэм форумым хэтхэр яхуэзэнущ хьэщIэ лъапIэхэм — политикхэм, жылагъуэ Iуэхузехьэхэм, хьэрычэтыщIэхэм, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм.
- ПщыхьэщхьэкIэрэ щIалэгъуалэр хэтыфынущ утыку 28-м къыщызэрагъэпэща акъылым зезыгъэужь, спортымкIэ я зэфIэкIхэр щызэхагъэкI, дэзыхьэх Iуэхугъуэхэр наIуэ щащI зэпеуэхэм. КъищынэмыщIауэ, секцэ щхьэхуэхэр щыIэнущ я проект IуэхущIафэхэр, щхьэзакъуэ жыджэрагъыр, мылъку зегъэкIуэкIэр щызэпкърахыу. Волонтёрым и гъэр Урысей Федерацэм щегъэкIуэкIынымкIэ дирекцэм къызэригъэпэща чэнджэщ щагъуэт утыкухэр лэжьэнущ.
- Адрей илъэсхэми хуэдэу, «Мэшыкъуэ-2018» зэхыхьэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэу щытынущ кърихьэлIахэм я проектхэр зэхэгъэувэнымрэ пхыгъэкIынымрэ. ЗэхуэситIми я иужь махуищыр хухахынущ грант зэпеуэхэм. Абыхэм щытекIуэхэр ягъэбелджылынущ дэтхэнэми и проектыр утыку кърихьэрэ и сэбэпынагъыр зэгъусэу къапщыта иужькIэ. Къыхалъхьа Iуэхугъуэм и мыхьэнэм елъытауэ цIыху щхьэхуэхэр щыгугъыфынущ сом мин 300-м нэблагъэ грантхэм, мылъку къегъэщIыным темылажьэ гупхэр — сом мелуани 2-м нэсым. Грантыр зыхуагъэфэщам хухахыну мылъкум и куэдагъыр убзыхуфыныр мы зэхыхьэр адрейхэм къазэрыщхьэщыкIхэм ящыщ зыщ. Нэхъапэм ар пасэу траухуэрт. Зэпеуэм щытекIуэхэм папщIэ псори зэхэту мы гъэм сом мелуан 83,3-рэ хухахащ.
- Темыр Дисанэ.