ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ  я зэпыщIэныгъэр зыгъэбыдэхэр

2018-08-11

  • Тыркум хыхьэ Къайсэр, Адана, Истамбыл, Мараш къалэхэм къикIауэ мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыхьэщIащ адыгэ мотобайкер щIалиплIрэ абыхэм я дэIэпыкъуэгъу тэрмэш хъыджэбзрэ. Ахэр Аслъэн Джэхьид (Цымхьэ), Хьэсэноглу Ахьмэд (Барциц), Шекер Джанкъат (Хьэткъуэ), Айдын Шенер (Тамбий), Дыгъужь Дижан (Озкурт) сымэщ. Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я хэщIапIэм ди лъэпкъэгъухэм щыIущIащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редак-тор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэным-рэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзоррэ.

  • Илъэс 40-50 ныбжьым ит мотобайкерхэр зэрыадыгэр я теплъэм къыбжаIэрт: я щхьэм фIэлът, ди лъэпкъ ныпым и дамыгъэ вагъуэ пщыкIутIыр къызытещ щэкI щхъуантIэхэр. НэхъапэIуэкIэ Иорданым къикIыу шууэ ди щIыналъэм къэкIуахэм я лъагъуэм тету километр минищ зэпызычу махуитIым къриубыдэу, гъуэгугъэлъагъуэр къагъэсэбэпу, мотоциклкIэ ди республикэм къэкIуахэм я къалэн нэхъыщхьэ дыдэр езыхэм хуэдэу хамэ щIыпIэ щыпсэууэ куэд щIауэ Кавказым къэкIуэну щIэхъуэпс адыгэхэм гъуэгур яхухэшынырт, нэхъ тыншу дяпэкIэ зэлъэпкъэгъухэр зэкIэлъыкIуэн папщIэ. Гупым ди щIыналъэм теухуа фильми гъуэгум щытрах. Абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр, псом хуэмыдэу Налшык къалэр, зрагъэцIыхуащ, ди щIыпIэ дахэхэм зыщаплъыхьащ. Гупым Iуащхьэмахуэ лъапэ дэкIыну я мурада щхьэкIэ, къехъулIакъым, уэлбанэ зэрыхъуам къыхэкIыу. МотоциклкIэ япэ дыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуа хьэщIэхэм Адана Адыгэ ФIыщIэ Хасэм, езыхэм къабгъэдэкIыу ва- гъуэ пщыкIутIыр зытет адыгэ бэракъыр КIурашын Анзор тыгъэ къыхуащIащ ди республикэм къызэрыкIуам и фэеплъу. Министрым абы- хэм яжриIащ гъэ къакIуэ Адыгэ ныпым и махуэр щагъэлъапIэкIэ республикэм зэфIэкI лъагэ къыщызыгъэлъагъуэ щIалэм а ныпыр иIыгъыу зэхыхьэм хэтыну зэрыхуагъэфэщэнур.
  • Мотобайкерхэр дыгъуасэ гъуэгу техьащ, япэщIыкIэ Къэрэшей-Шэрджэс, иужькIэ Адыгэ, Абхъаз республикэхэр, Сочэ щIыналъэр къызэщIиубыдэу адыгэ хэгъэгухэр зэщIагъэхьэу зыщаплъыхьыну, псори зэхэту километр 7000 нэс зэпачыну. Ди лъэпкъэгъухэр гъуэгу техьэн и пэ къихуэу, Хэкум щыщ щIы IэмыщIэ къыздащтащ. Ахэр зытеувэну адрей адыгэ, абазэ, абхъаз щIыналъэхэми щIы IэмыщIэ зырыз здрахыу Тыркум здашэну я мурадщ.
  • ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и гуапэу къыхигъэщащ адыгэхэр кхъухьлъатэкIэ, машинэкIэ, шыкIэ мыхъумэ, нэхъапэIуэкIэ мотоциклкIэ къызэрымыкIуар. Адыгэбзэри тыркубзэри зэхуэдэу фIыуэ зыгъэшэрыуэ тэрмэш Дыгъужь Дижан и дэIэпыкъуэгъуу ар хьэщIэхэм яхутепсэлъыхьащ Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я къалэн нэхъыщхьэр илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм хамэ къэралхэм къиIэпхъукIыу Хэкум къэкIуэжа адыгэхэм я Iуэху дэгъэкIыным, я анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ яхъумэжыным, зэлъэпкъэгъухэр зэгъэуIужыным икIи ахэр зэгъэцIыхуным зэрыхуэунэтIам. Апхуэдэу Мухьэмэд хьэщIэхэм и гугъу яхуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым адыгэу исым я бжыгъэр мелуан ныкъуэм зэрыщIигъум, дэ къытхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм, Тыркум ныбжьэгъу куэд зэрыщиIэм, иджыблагъэ абы щекIуэкIа щэнхаб- зэ фестивалым Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэри зэрыхэтам, хамэ щIыпIэхэм щыпсэу, абыхэм къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху-хэр зыхуэдэм фIыуэ зэрыщыгъуазэм, зэпыщIэныгъэр нэхъри зэрагъэбыдэным и ужь зэритым, нэгъуэщIхэми.
  • — Иджыпсту ди республикэм зыщагъэпсэху Тырку, Сирие, Иордание, Израиль къэралыгъуэхэм, Мэздэгу щIыпIэм къикIа адыгэ сабии 140-м щIигъум. Абыхэм адыгэбзэр, лъэпкъ къафэр ядогъащIэ, ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэм зыщыдогъэплъыхь, адыгэ шхыныгъуэхэм дыдогъэхьэх. ШыщхьэуIум и 11-м ныбжьыщIэхэр едгъэжьэжынущ, — къыхигъэщащ КIурашын Анзор гупым зыщыхуигъазэм. — КIэщIу жыпIэмэ, ди мурадыр зытещIыхьар дуней псом щыпсэу адыгэхэр нэхъри зэрыдгъэубыдыжынырщ, ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр дгъэбыдэнырщ.
  • ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ КIурашын Анзоррэ хьэщIэхэм ехъуэхъуащ я мурад дахэхэр къехъулIэну икIи адэ-кIэ зэпачыну гъуэгуанэм къащы-хуэщхьэпэну чэнджэщхэр иратащ. Мухьэмэд Тыркум къикIа ди лъэпкъэгъухэм тыгъэ яхуищIащ адыгэхэм теухуауэ Кърымым къыщыдагъэкIа альбом гъэщIэгъуэнхэр. Тыркум кIуэжын ипэкIэ мотобайкерхэм иджыри ди республикэм къагъэзэжыну я мурадщ, Куржым и гъунапкъэмкIэ зэрызэпрамыгъэкIынум къыхэкIыу. Зэхыхьэм хэтащ ди лъэпкъэгъухэу Аскэр Хьэяти (Тырку), СтIащ Исам (Сирие), СтIащ Ланэрэ Аулъэ Линэрэ (Мейкъуапэ).
  • ТЕКIУЖЬ  Заретэ.