ЩIыналъэ зэпеуэм пашэхэр щызэхокI
2018-08-11
- Бахъсэн районым наIуэ щыхъуащ «Кавказ джэгухэм» я щIыналъэ зэпеуэм щытекIуахэр. Къубэ-Тэбэ къуажэм спорт лIэужьыгъуитхумкIэ щызэхьэзэхуащ спортсмен 50-м щIигъу.
- КIапсэм дэпщеинымкIэ зэпе- уэм нэхъ жыджэру къыщыщIэкIащ Кърымыкъуэ Арсен (Къубэ-Тэбэ), троеборьем щытекIуащ Псэун Астемыр (Ислъэмей), хьэлъэр гъэIэпхъуэнымкIэ нэхъ лъэщащ Къэбардэ Мурат (Ислъэмей). Хьэлъэр къэIэтынымкIэ нэхъ лъэрызехьэт Бажэ Беслъэн (Куба) — килограмм 50 зи хьэлъагъ гырэр абы 40-рэ дридзеящ. КIапсэшхуэкIэ зэпекъунымкIэ зэхьэзэхуэм Ислъэмей къуажэм къикIахэр щытекIуащ. Хэгъэрейхэр етIуанэщ, Бахъсэнёнкэ щыщхэр ещанэ хъуащ.
- Зэхьэзэхуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и спорт комитетым къыбгъэдэкI грамотэхэмрэ медалхэм-рэ иратащ. Иджы ахэр хэтынущ «Кав-каз джэгухэм» я республикэпсо зэпеуэм.
- КЪЭХЪУН Бэч.