Псалъэмакъ щхьэпэ
2018-08-09
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрийрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ шыщхьэуIум и 8-м зи чэзу зэIущIэ ирагъэкIуэкIащ. Ахэр тепсэлъыхьащ фокIадэм и 19 — 20-хэм зэхэтыну Дунейпсо Адыгэ Хасэм и 12-нэ конгрессым зэрызыхуагъэхьэзырымрэ а Iуэхум епха упщIэ щхьэхуэхэмрэ, Адыгэхэм я дунейпсо махуэр зэрагъэлъэпIэнум.
- КIуэкIуэ Юрийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ и гугъу ящIащ мэкъуауэгъуэм и 30-м Нарт-къалэ щIыпIэм (Тырку Республикэ) щекIуэкIа ДАХ-м и Хасащхьэм и зэIущIэм утыку къыщрахьа Iуэхухэмрэ абы къыщащта унафэхэмрэ. КъАХ-м и тхьэмадэм а зэIущIэм Iуэхугъуэ зыбжанэ къыщыхилъхьащ: Темыркъан Юрий и ныбжьыр мы гъэм илъэс 80 зэрыхъур, узэщIакIуэ, еджагъэшхуэ, усакIуэ Къуэдзокъуэ Лэкъумэн къызэралъхурэ илъэс 200 зэрырикъур гъэлъэпIэн; Адыгэ нарт эпосым и дунейпсо махуэ гъэувын; «Адыгэ хэхэсхэр» музей Налшык къалэ къыщызэIухын. Ахэр псори КъБР-м и УнафэщIым диIыгъащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэмрэ КъАХ-м и тхьэмадэмрэ къытеувыIащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и 12-нэ зэхуэсышхуэр зэрекIуэкIыну щIыкIэми. Абы теухуауэ иджыри районищым (Дзэлыкъуэ, Бахъсэн, Лэскэн) конференцхэр щрагъэкIуэкIын хуейщ.
- Апхуэдэу КIуэкIуэ Юрийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэр зыгъэпIейтей нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми.
- Тхьэхущынэ Ланэ.